Зарина Саадуловна Канукова "Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс"

Зарина Канукова – кабардинский поэт, драматург, автор восьми книг стихов. Роман «Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» – первое прозаическое произведение автора. Написанный в жанре магического реализма, роман синтезирует традиции адыгской (кабардинской) литературы и художественные приемы современной прозы. В сюжете переплетаются важные исторические события ХХ века, судьбы простых героев и явления, сопровождающие адыгов из поколения в поколение, как, например, присутствие «снежного человека» и наличие «мест силы» в горах.Сюжет разворачивается на историях двух семей, где в отношениях доминируют любовь и самопожертвование.

date_range Год издания :

foundation Издательство :Автор

person Автор :

workspaces ISBN :

child_care Возрастное ограничение : 16

update Дата обновления : 18.05.2024

?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Зарина Саадуловна Канукова

Зарина Канукова – кабардинский поэт, драматург, автор восьми книг стихов. Роман «?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» – первое прозаическое произведение автора. Написанный в жанре магического реализма, роман синтезирует традиции адыгской (кабардинской) литературы и художественные приемы современной прозы. В сюжете переплетаются важные исторические события ХХ века, судьбы простых героев и явления, сопровождающие адыгов из поколения в поколение, как, например, присутствие «снежного человека» и наличие «мест силы» в горах.Сюжет разворачивается на историях двух семей, где в отношениях доминируют любовь и самопожертвование.

Зарина Канукова

?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс




ДУНЕЙХЭМ Я Щ?ЭПЛЪЫП?ЭМ

Дыщысабийм ди ф?эщ хъурт мэгъу, уд, шейт?ан, алмэстыхэр зэрыщы?эр. Ахэр зыхэт таурыхъхэр дызыхалъхуа дунейм имыхамэут дызэреплъыр, сыту жып?эмэ, абы щызек?уэри дэ дызыщыгъуазэ щытык?эхэрат: ныбжьэ гъуф?хэр, ныбжьэгъупц?хэр, гузыхэщ?э зэмыщхьхэр, адэ-анэ, анэкъилъху лъагъуныгъэ, хэти яку къыдэхъуэфыну гурыщхъуэ, къабзагъэм къыхэк?а сабий зэхэщ?ык?… Ц?ыхур нэхъ балигъ хъуху «псэуныгъэк?э» дызэджэм зэщ?ещтэри, гупсысэмрэ зыхэщ?эныгъэмрэ къриубыдэжыр «тшхын, тщ?эн дгъуэту дыпсэун» папщ?э дызыхуейращ. Ауэ сыту ф?ы а сабиигъуэм къыхэдна «щэхухэм» я щхьэтепхъуэр тезых тхак?уэ къыкъуэк?ыу, тхылъ напэк?уэц?хэм деж нэхъ мыхъуми, ди?а ф?эщхъуныгъэхэм дыщыхишэжыр… Апхуэдэщ Къаныкъуэ Заринэ и «?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романыр. Къыпхуэмы?уэтэнумрэ дызэсэжамрэ зэригъэзэгъащ – магиемрэ реализмымрэ. Щы?эр, къэхъуагъэхэр щы?эн хуейм ирешал?эри пещ?э, блэк?амрэ иджыреймрэ зэхуегъазэ, л?ахэмрэ псэухэмрэ зэ?уегъащ?э, акъылым къыхуэмыубыдыж щэхумрэ махуэ къэс гъащ?эм дыщызэсэжамрэ зы сурэту зэхеухуэнэж, уеблэмэ зэхегъэшыпсыхьыж. Къаныкъуэм и романым лъабжьэ хуэхъуар ц?ыху псэук?э-зэхэтык?эмрэ абы къыдэк?уэ ?уэхугъуэхэмрэщ. Тхак?уэм къе?эт ц?ыхур къызэригъэщ?рэ къыф?э?уэху, щы?эхуи къыф?э?уэхуну, зэгупсысыну, жэуап къызыхуилъыхъуэну упщ?эхэр: унагъуэ ухуэк?э, ныбжьэгъу ?ыгъык?э, гурыщхъуэ зыхэмылъ лъагъуныгъэ, зауэ, мамырыгъэ, щхьэзакъуэ насыпыр ц?ыхубэ насыпым зэрепхар… А упщ?эхэр къэзыгъэхъу ик?и и жэуапым лъыхъуэж л?ыхъужьхэр ?уоуэ нобэрей ц?ыхум дежк?э щэху, мыгуры?уэгъуэ гуэрхэм, ауэ, гъэщ?эгъуэныращи, зыпэмыплъа, зыгъэшынэ е зыгъэундэращхъуэ гуэру къащыхъуркъым ар, я гъащ?эм щыщ налъэ гуэру, егъэлеяи хэмылъущ къызэралъытэр. Апхуэдэ щ?ык?эк?э ?уэхугъуэ нэхъыщхьэу романым щымыгъэува магиер – мэгъугъэр – толажьэ щызэблэк? ?уэхугъуэхэр зэпкърыха хъуным, л?ыхъужьхэм я щытык?эмрэ зыхэщ?ык?ымрэ ?упщ? щ?ыным. Утхак?уэу а псор зэбгъэк?уныр, зэбгъэзэгъыныр, еджэм егъэлея химылъагъуэу зэхэбгъэзэгъэныр, нэхъыщхьэращи, купщ?эк?э щыз пщ?ыныр езыр мэгъугъэщ. Ари гъэщ?эгъуэнщи, пасэм нартхэм дуней къэхъукъащ?эхэм я къежьап?эр, щхьэусыгъуэр зыхэпсэук? дунейм ирагъапщэурэ зыгурагъа?уэу щытамэ, иджы, «?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» зэрыщытлъагъущи, зыхэпсэук? дунейр къагуры?уэнымк?э тхак?уэм тегъэщ?ап?э ещ? абы къыпэщыт нэгъуэщ? дуней, а дунеит?ым я зэпылъып?эр къелъыхъуэ, зэхыхьэ-зэхэк?ыу зэрыщыт ныбзхэр къехутэ. Абы къик?ыращи, ?уэхугъуэ куухэр зэпкърыха хъунымк?э магиер ?эмэпсымэ ещ?.

Къаныкъуэ Заринэ и л?ыхъужьхэр дунеит?ми щопсэу: зэрынэрылъагъум папщ?э пэжу ди ф?эщ хъумрэ дызэрыщымыгъуазэм папщ?э мэгъугъэм хэдбжэмрэ. Дунеит?ри я гъащ?эм щызэхэтщ, зыр адрейм хэбла-хэухуэнауэ, зым и лъабжьэр адрейм щыхэщ?ауэ. Ди нэгу щ?ок? дунеит?ым я зэпылъып?эм л?ыхъужьхэр мызэ-мыт?эу къызэрыщыхутэр, адрей дунейм и лъабжьэр абыхэм я гъащ?эм куууэ зэрыхэк?ар: Улэ уд зэхуэсым мак?уэ, езыр зыхэпщ?а гуащ?э ф?ыц?эм и пхъур щихъумэну хуейщи, ягуро?уэ, езым зарет; Майе ц?ыхум ямыц?ыху гуащ?э щызек?уэ бгъуэнщ?агъым мак?уэ, блыным к?уэц?рок?ри къегъэзэж, абы кърик?уахэм дихьэхауэ зыщигъэгъуэзэнущ щ?эджык?ак?уэм; ?эдэм хузэф?ок? адрей дунейм и щ?эплъып?эм нэсыну, абы хэбэкъуэну, и к?эм нэс къемыхъул?ами; алмэсты къэзылъыхъуэу Мэзкуу къик?а урыс ц?ыхубзми и нэгу щ?эк?хэри махуэ къэс гъащ?эм дызыщримыхьэл?эщ. А псом егъэлеярэ ф?эщхъугъуейрэ хэмыт хуэдэущ авторыр зэрыхущытыр, щ?эджык?ак?уэри апхуэдэу зэтреублэ: мэгъугъэ зэрыхэтыракъым дгъэщ?эгъуэн хуейр, ар щ?ыхэтымрэ щ?агъыбзэ щ?элъымрэщ. Апхуэдэущ тхак?уэм къызэрехъул?эр жылэ зэхэтык?эм, ц?ыху къэс и щы?эк?эм, лъэпкъхэм я къэгъуэгурык?уэк?эм я ныбзхэр къигъэлъэгъуэныр.

Къаныкъуэм и романыр нэхъ зыхиубыдэнур 2000 гъэхэм къыхагъэщхьэхук?а метамодерн унэт?ыныгъэр арагъэнущ. Къэралыр зытета гъуэгур ц?ыхум зыхащ?эу щигъуэжа лъэхъэнэм пэжыгъэ къэлъыхъуэныр, ц?ыху къэс и щхьэпагъыр, лейуэ дунейм зэрытемытыр зыхищ?эныр, ауэ жылагъуэм зыпимыгъэувыныр щытык?э нэхъыщхьэ зэрыхъуар а ф?эщыгъэмк?э къэгъэлъэгъуа хъуат. А лъэхъэнэм къыдэуша гупсысэхэр армырауэ п?эрэ жызо?э романым и купщ?эри и зэхэлъык?эри къызыдэк?уар: дызытет дунейр хьэлъэ хъуащ, ц?ыхур зэса щы?эк?эр къутащ, здигъэзэнур зыми къригъэлъагъукъыми, и щхьэри и псэри ф?ок?уэд, ауэ гугъэр к?уэдын хуейкъым; дунейм щызок?уэ нэхугъэ къызыпих гуащ?э гуэрхэр, пэжым тетхэм, ф?ы зи гурылъхэм дэ?эпыкъуу. Нэм илъагъу закъуэмрэ къупхъэ пыухык?ам итын хуейуэ ягъэса ц?ыхум и къэухь зэпэзэвымрэ ф?эк?а щымы?эу щыткъым, щы?эщ дуней зэмыщхь, зэпыхьэп?э я?эрэ зым уик?ыу адрейм утехьэ хъууэ, а «адрейм» ?ущагъ, щ?эныгъэ къыщыбгъуэтыфу. Зы дунейм зыщихъуэжым, къалъыхъуэ адрейр.

Ат?э гупсысэк?эк?и лъэк?ыныгъэк?и зэмыщхь ц?ыху ц?ык?ур зытек?ута дунейр сыт хуэдэу дигъэлъагъурэ Къаныкъуэ Заринэ? Романым дащыхуозэ лъэхъэнэжьым и к?эух зэхэзэрыхьам хэпсэук? ц?ыху къызэрыгуэк?хэм, унафэ т?эк?у зы?эщ?элъхэм, къуажэхэм я теплъэм гу лъыдегъатэ, къалащхьэми дыщегъэгъуазэ. Абы къыхохьэ мэгъугъэр, адрей къэхъу псоми къыдэк?уэ хуэдэу, ауэ псоми гу зылъамытэу, я нэк?э ямылъагъуу. Авторыр хущ?экъуркъым а мэгъугъэмк?э и романыр топышэ къэуа ищ?ыну: къыгуро?уэ къару зэмыщхьхэр щызэблэк? дуней зэмыщхь зэрыщы?эр. Сюжетым сыт хуэдэу зимыгъазэми, тхак?уэм и къэ?уэтэк?эр зэрызэхэщ?ык?ыгъуэщ, зэрымамырщ. Къыжы?эпхъэщ мэгъугъэк?э узэджэну романым дызыщрихьэл?эр ?уэры?уатэу лъэпкъым къыдэгъуэгурык?уэу зэрыщытыр: джэду зызыщ?ыф уд фыз, уд зэхуэс, пэшэгъу, алмэсты… Абы къыщ?ыгъуащ щ?эныгъэм пыщ?ахэм я дунейлъагъук?э: хэти здэмык?уэфын дуней телъыджэ щы?эщ, ц?ыхур жэнэтк?э зэджэм хуэдэу, ауэ ар къэзыгъуэтыфынур гурэ псэк?э къабзэрщ, зи щ?эныгъэр абы нэсаращ. А щ?ып?эр куэдым зэрахъуэпсап?эр къыхощ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ?уащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэхэм щрагъэк?уэк?а къэхутэныгъэу романым къыхэщыжым. А дунейм и щ?ыхьэбжэр фашистхэм къахутэныр пц?ыт, сыту жып?эмэ, хъыбархэм къызэрыхэщымк?э, зи гур ек?э гъэнщ?ахэм, лъы зыгъажэхэм ар зэи яхузэ?ук?ынутэкъым. Романым урешал?э гупсысэ пыухык?ам: узыхущ?экъур къохъул?эн папщ?э уи гупсысэк?и ?уэху блэжьи къабзэу, пэжым утету, узыхущ?экъур ц?ыхум я щхьэпагъ зыхэлъу щытын хуейщ. Щ?ы хъурейм щытепщэну хущ?экъу, абы щхьэк?э адрей дунейм щызек?уэ гуащ?эр къэзыгъэсэбэпыну зи гуращэм ар къехъул?энутэкъым.

Романым и л?ыхъужьхэм ящыщу нэхъ удэзымыхьэхщ Пагуэ. Нэщхъыцэу, гуф?эк?э имыщ?эу, щхьэпагъышхуи къыпымык?ыу, ф?ыщэу къэзылъагъуи и хъуреягъым щымы?эу долъагъу. Пагуэ мэлажьэ, и лэжьыгъэм мылъку лей къыхихыну, абык?э къулей зищ?ыну пылъкъым. Ф?агъыу къэтлъытэ хъуну п?эрэ а щытык?эр? Ар ф?агъмэ, сыт ик?эм-ик?эжым ?эрыубыд щ?эхъур, лъэхъуэщым щ?ихуэр? Хэлъщ абы и гъащ?эм тезыр щ?ихь хъун къуаншагъэ. И лэжьыгъэр игъэзащ?эми, иригъэф?эк?уэну, къепха лэжьак?уэхэм я гъащ?эр нэхъ тынш, нэхъ лъыта ищ?ыну игу къэк?ыркъым. Къыхуащ? и унафэщи, и пщэрылъым къриубыдэр егъэзащ?э. Коммунист партым хэтщ, ауэ гупсысэ шэщ?а гуэрым хишауэ аракъым. Лъэхъэнэм къек?урт ухэтыну. Аращ нэмэз зыщ? и анэм щ?ыпэмыувыр, «сэ сыкоммунистщ, нэмэзыр гъащ?эм хэмызагъэ ?уэхущ, пык?» щ?ыжримы?эр. Хэ?ущ?ы?у мыхъу закъуэмэ, езыр абык?э къамыгъэкъуаншэмэ, аращ зыхуейр. Коммунисту зыщибжыжк?э, къезэгъыркъым и унэ емык?уэл?эжу, унафэ щищ? ?эщ фермэм ц?ыхубзхэр зэблигъэк?ыу тесыныр. Утыку мыхъу хьэрэмыр Пагуэ дежк?э хьэлэлщи, кърегъэзэгъ, елэжь. Мыбы и гъащ?эм къыхохьэ дуней щэхум и зы щытык?э: пэшэгъу и?эщ, къызэрыщ?эк?ымк?э, абы зыкърегъэлъагъу, зэрыгущык?ыгъуэр, ф?еягъ зэрыбгъэдэлъыр, к?ыф?ыгъэр нэхъыбэу зэрыхэлъыр и нэгу щ?егъэк?, зыкъыпэщ?игъахуэурэ, ауэ Пагуэ зыхуейр зыщ?эгупсысыжыну, зихъуэжыну аракъым, ат?э мо зымыгъэпсэу пэшэгъу мык?уэмытэжьыр к?эрыхумэ, аращ. Унэм щ?эс щхьэгъусэр гурыщхъуэм ирегъэук?, и лэжьак?уэ ц?ыхубзхэм къыхуэжы?эщ?эр лык?э егъашхэ, к?уэрык?уэм тету къыхуэза урыс ц?ыхубзри ф?э?эф? мэхъу. Пагуэ щ?агъэт?ысу тлъагъур нэгъуэщ?щ, ауэ ипэжып?эк?э абы тезыр щ?ихьыр, и к?эр ф?ейм хэщ?ами, коммунист къабзэу зыкъигъэлъэгъуэну зэрел?ал?эрщ.

Уи гур щабэ хуещ? Пагуэ и адэ зауэм хэк?уэдам фэеплъ сын хуигъэувыну ?уэху къызэрырихуэк?ым. Ауэ лъэк?ыркъым, хуэгъэзащ?эркъым. Езы романым къыхэщ гупсысэр армырауэ п?эрэ апхуэдэу щ?эхъур: гуауэу к?уэдащ Нэсрэн, л?ыгъэ хэлъащ, къэдзыхакъым, бийр зыхуей хуэхъуакъым, ауэ апхуэдэ ?энат?э ?утахэр куэд мэхъу. Нэсрэн и закъуэ хэбгъэф?ык?ыныр къемызэгъщ, дауэ апхуэдэ пщ?э къимылэжьми. Къехъул?эну хъунт, щхьэхуещагъэ химылъхьэу, зы химыубыдык?ыу, къуажэм щыщу зауэм хэк?уэда псоми я ц?эр ихъумэну хэтамэ. Зыщ?эгупсысыжыну, къигъэщ?амрэ къилэжьамрэ зэпилъытыжыну щытык?э ихуащ ар – ягъэт?ысащ. Лъэхъуэщым къик?ыжа Пагуэ ук?элъыплъынри гъэщ?эгъуэнщ: сыт и лъэныкъуэк?э зихъуэжа и хьэл-щэным, дэнэк?э зигъэза и гъащ?э гъуэгум, сытк?э гъэнщ?а хъуа и гур, и псэр… Псэуныгъэ зэпэщми насыпми хуэныкъуэр нэхъыбэт а лъэхъэнэм.

Сытым дежи щ?эджык?ак?уэм и нэ?э темык?ыу, адэк?э къэхъунум пэплъэу зык?элъызеплъэр Пагуэрэ Улэрэ япхъу закъуэ Майещ. Сабий псоми зэремыщхьыр унагъуэм я гуныкъуэгъуэурэ къэжэпхъащ Майе. Псэлъэгъуейт, зыгуэр щыжи?эми, ?уэхум щымыщ хуэдэут къазэрыщыхъур. Ауэ и щытык?эм уригъэгупсысырт хъыджэбз ц?ык?ум зыми имыгугъа гуэр къылъыкъуэк?ыну. Апхуэдэ гугъэм и къежьап?эр иджыри сабийуэ Техутэ жри?э псалъэхэрщ: «Умыгузавэ, уи анэшхуэр щ?эх л?энукъым». Пасэу зеиншэ хъуа Техутэ и анэшхуэм тегужьеик?ат, ар л?эмэ, сэ дауэ сыхъуну, жи?эу егупсысырейт. Пагуэ и адэ Нэсрэн фэеплъ хуигъэувыну хуейуэ ?уэхум къегъэзахэм захуигъазэу, я арэзыныгъэ къилъыхъуэу къыщык?элъик?ухьым ирихьэл?эу Майещ зауэм хэк?уэда сэлэтхэм я хьэдэ къупщхьэхэр къэзыгъуэтар. «Плъагъурэ, я ц?эр яхъумэн къэгъэнауэ, я щ?ы ?ыхьэ ирамыгъэгъуэтыжауэ щы?эр зыхуэдизыр?» – жи?э хуэдэт. Дунейхэм я зэпылъып?эр, «щ?эплъып?эр» къэзылъыхъуэ ?эдэм дэ?эпыкъуэгъу хуэхъур Майещ. Къыгуро?уэ: ?эдэм а къилъыхъуэр къигъуэтамэ, гъащ?эр нэхъ дахэ, нэхъ купщ?аф?э хъунут, нэхугъэр щ?ым тез хъунут. Упщ?эхэм я упщ?эж жыхуа?эм хуэдэр зэпхар ?эдэмщ: апхуэдизу шэщ?ауэ и гуращэм телэжьа щ?алэр абы щ?ылъэмы?эсар, «щ?ыблэбэкъук?ар» сыт? Гъащ?эм философие лъэныкъуэк?э уезыгъэгупсысынщ ?эдэм епха сюжет унэт?ыныгъэр.

Щ?эныгъэр лъап?эныгъэу зэрыщытыр мы романым къыщы?эта проблемэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ ик?и л?ыхъужьу хэтым я гъащ?эр хъуами мыхъуами, щхьэусыгъуэр щ?эныгъэм ешэл?эжащ. Щапхъэу къэтхьынщи, Майе тхылъ хъумап?эр лэжьап?э щ?ыхуэхъур щ?эныгъэщ?эхъуэпсщи, аращ. Езым щхьэщыт нэхугъэр къызыхэк?ри зэрыдахэщ?эхъуэпсырщ. Псалъэшхуэ жи?эркъым, утыкуак?уэкъым, ауэ и унагъуэми, и лэжьап?эми, и хъуреягъым зэрахущытк?и щхьэхуещагъэ жыхуа?эм хуэхейуэщ. А псом къыдок?уэ щэху гуэрхэм пыщ?а щ?эныгъэ зрипэсахэм Майе зэрахэтыр.

Щ?эныгъэр ходэ, хэти к?эрыпщ?эркъым, хэти къехъул?эркъым. Техутэ къехъул?энут сурэтыщ? ?эзэ хъуныр, ерыщу бгъэдэтамэ, хъуапсэр къытек?уамэ. Щхьэусыгъуэ лъыхъуащ, еджап?эм имыгъэзэжын папщ?э. Абдеж щежьэри, и гъащ?эр зэпэныкъуэу ек?уэк?ащ: щ?эныгъэ ныкъуэ, лэжьап?э ныкъуэ, насып ныкъуэ. Техутэ и гъащ?эм купщ?э хэзылъхьэжар, зэрымыщ?эк?э къыщыжак?уэ хъуну ежьэу, лъэпкъым дежк?э лъэк?ыныгъэ и?эну зыщыгугъ Нэсрэн дуней мамырым къызэрытринар аращ. Техутэ сабийуэ игъэжа ят?агъуэш къомыр жэщ уэлбанэ бзаджэм зэхигъэшыпсыхьыжауэ нэху къыщек?ам, а щ?алэр «псэук?э зыщ?эхэм» зэрыхимыубыдэнум гу лъыдигъатэ хуэдэт. И дэтхэнэ лъэбакъуэри къыгуро?уэж, и щыуагъэхэмк?и зыщымысхьыжу зыкъеумысыж, зегъэкъуэншэж, ауэ абы щхьэк?э къехъул?эр нэхъыбэ хъуркъым, гъащ?эм здригъабэмк?э ебэурэ къогъуэгурык?уэ. ?эдэм гъусэ хуэхъуа нэужьщ Техутэ и гупсысэм зыщиубгъур, къыгуры?уэр нэхъыбэ щыхъур. Романым еджэм гузэгъэгъуэ хуэхъуну п?эрэ Техутэ щхьэ бжыгъэу дунейм зэрытемытар ?упщ? зыщ? ?уэхугъуэхэм щыгъуэза нэужь?

Персонаж гъэщ?эгъуэнщ Улэ. И теплъэк?и и хьэл-щэнк?и удэзыхьэхыу къыхохьэ романым, ауэ къэзылъхуа анэм деж щегъэжьауэ щхьэгъусэ хуэхъуам деж щиухыжу, псори Улэ хуэмык?уэ хуэдэщ, имыгуэгъущ. Ц?ыхубзыр еджагъэшхуэкъым, зригъэпщэн хуэдэу щы?эк?э зэщымыщхэми щыгъуазэкъым, ауэ и гум зыгуэр къелъыхъуэри, ар игъуэтыркъым, а имыгъуэт езыри зыщымыгъуазэр къы?эрыхьауэ къилъытагъэнут псори къызэринэк?ыу урыс щ?эныгъэл?ым и гъусэу щежьэжам. Здэк?уам щызэгъащ, хэзэгъащ, и дуней ?ыхьэ иубыдыжащ. Ипхъу закъуэр дауэ къигъэна, дауэ игу пык?а? Абы и жэуапри игъуэтынущ щ?эджык?ак?уэм. Улэ дежк?э Мэзкуу к?уэуэ гунэс зыщыхъуа ц?ыхум дэпсэуныр, щ?эныгъэк?э, къэухьк?э абы зыдиужьыныр «щ?эк?ып?эт», «щ?эпщып?эт», дунеит?ым я зэпылъып?эт. Къигъуэтащ, къехъул?ащ.

Техутэрэ Майерэ я зэхущытык?эр, абы зэрызиужьыр, зыхуэк?уэр сюжетым и линие нэхъ гъэщ?эгъуэнхэм щыщщ. Пэжыныгъэм, гурыщ?эм и быдагъым, къабзагъым я уасэр къызыхэщщ мы л?ыхъужьит?ым я гъуэгу зэтеублэк?ар.

Сытым щыгъуи хэк?ып?э къэзылъыхъуэ, и акъылым къызэриубыдк?э ик?и къэзыгъуэт ц?ыхуу долъагъу Нуцэ. И сабиигъуэм щегъэжьауэ, зэрыжа?эу, и щ?акхъуэ ?ыхьэр езым къигъуэтыжын хуейуэрэ къэтэджа хъыджэбзым сыт хуэдэ ?эмалри къегъэсэбэп и ?уэхур дигъэк?ын, зыхуейм и ?эр тригъэхуэн папщ?э. Нуцэ и л?ыгъэк?эщ и анэ Галинэрэ нэчыхьыншэу дунейм къытехьа щ?алэ ц?ык?умрэ унагъуэу зэрыт?ысыжыр. Хъыджэбзым езым къыхехыж псэуэгъу хуэхъунур, я псэуныгъэр к?ыхь мыхъуами. Анэм ещхьу, Нуци бын игъуэтащ, унагъуэ имысу. Иджы, ек?уэк? лъэхъэнэм къек?ур аращи, щэн-къэщэхуным хыхьащ, и хьэлыр къэплъытэмэ, къехъул?эну ущыгугъ хъунущ. Адрей дунейм щызек?уэ гуащ?эхэр зылъэ?эсхэм Нуцэ хиубыдэркъым. Хъыджэбзыр хуэщ?акъым гъащ?эр зэтес щ?ыным ел?эл?эным, абы и гупсысэм къриубыдэр и щхьэ ?уэхур аркъудейщ. Таурыхъми, хъыбарми, дунейм щызек?уэ гупсысэми анэ нэсыр къызэрыхэщым хуэдэщ Жануэс. Пхъашагъи, гурымыкъагъи, тк?иягъ лъэпкъи зыхэмылъ ц?ыхущ. Псэ щы?утк?э, зыгуэри и жагъуэ мэхъу, ауэ ари игъэгъуну хьэзырщ. Жануэс и къуэ лъэхъуэщ хъуам къыщхьэщож, и нысэ урысыл?ым дэк?уэсам к?элъыпсалъэркъым, хущ?эджэркъым, «сабийр Пагуэ ейщ» жи?эу къихьу къыхуэк?уа Галинэ елъэстауэркъым. Жануэсщ Майе къезыгъэлыр, езым и псэр, и гъащ?эр тыхь ищ?у. Адрей дуней хъуэпсэгъуэм къик?ам ещхьщ мы ц?ыхубз гъэщ?эгъуэныр: жи?эри илэжьри нэхугъэ зыхэлъщ, и щхьэм тыншыгъуи, ф?ыщ?и, щытхъуи къыхуилъыхъуэркъым. Хуэныкъуэм и щхьэпагъ иригъэк?ыфмэ, арэзы мэхъу. И псэр щ?итащ, зи псэугъуэр къызэтринэн папщ?э. А тыхьыр игъэпэжу мэпсэу и къуэрылъху Майи. Анэшхуит?ри, сымаджэ хьэлъэу п?эм къыщыхэнэм, зэрихьэжащ, адэмрэ анэнэп?эсымрэ псалъэмакъыншэу ядогъуэгурык?уэ, къэзыгъэна и анэм гужьгъэжьгъ хуищ?ыркъым, Техутэ хуэпэжт, зыхищ?ык? зыпытт. Майещ ?эдэм и дэ?эпыкъуэгъур, Щ?эплъып?эм пэгъунэгъу хъуныр дэзы?ыгъыр. Хуабжьу псэк?э гугъу ехьащ а хъыджэбзыр, адрейхэм ямы?э щ?эныгъэ нэхур и?эным папщ?э. Пэлъэщащ гугъуехьми, къилэжьащ. Иджы зытелажьэр нэхугъэр нэхъыбэу щы?энырщ. Езы ц?ыхур иджыри абы хуэхьэзыркъым, егъэджак?уэ яхуэхъун хуейщ, щ?эгъэхъуэпсыныр, абы щхьэк?э гуащ?э етыныр Майе и пщэрылъщ.

Нэгъуэщ? дуней зэрыщы?эр, мы дунейр къезыгъэлыну хэк?ып?эр абы къызэрик?ынур къагуры?уэу телажьэр е хуэлажьэр ?эдэмрэ Майерэщ. Т?ум я гъащ?эри дунеит?ми епхащ. Я щхьэр я ?уэхукъым, мылъку къик?ып?э къалъыхъуакъым. Ахэр зыхуейм уасэ и?этэкъым. ?эдэм блэбэкъук?ыу хэк?уэда нэужь, Майещ Нэсрэн щ?эныгъэ иритыфыну къэнар. Шэч хэлъкъым хъыджэбзыр лъэк? къимыгъанэу и дэлъхум зэрыдэ?эпыкъунум. Нэсрэн мыщхьэх закъуэмэ, и къэухьыр мы?узэмэ. Мыбдежым щ?эджык?ак?уэм къыхуэнэр гугъэщ. Лъыхъуэм къегъуэт. Дэпщэщми, зэ къегъуэт.

«?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романыр зэрытха бзэ гуры?уэгъуэмрэ сюжет гъэщ?эгъуэнымрэ къэплъытэмэ, зи щ?алэгъуэми зи ныбжь к?уэтами ягу нэсын тхылъщ.

Хьэц?ык?у Рае, тхылъым и редактор

СЫМЫЩ?ЭР КЪАСЩ?ЭУ

Мыр си япэ прозэ тхылъщ. Сыкъызэрац?ыхур усак?уэущ, драматургыущ, усэ тхылъий си?эщ.

Роман стхыну сытезыгъэгушхуар, абык?э къысщыгугъар Нинэщ, адыгэ тхак?уэ Щоджэнц?ык?у ?эдэм ипхъу, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хамэ къэрал литературэмк?э и кафедрэм куэдрэ щылэжьа си ныбжьэгъу нэхъыжьырщ. Си жагъуэ зэрыхъущи, романым щыщу ?ыхьэ щанэращ Нинэ зэхихар – макък?э сыкъыхуеджащ, и нэм илъагъужыртэкъым, сымаджэт. Си егъэджак?уэр къызэрысщыгугъыр ди литературэм щ?э гуэр хэслъхьэну, тхыгъэ щ?эщыгъуэ утыку къислъхьэну арат. Зэдэ?уар игу ирихьауэ жи?ащ. Тхыгъэр и жанрк?э сытым нэхъ хуэк?уэрэ жыс?эу сыщеупщ?ым: «Хьэуэ, авторский мифу къыумыгъэлъагъуэ, мыр магический реализмщ», – жи?ащ. Сэ япэрейм нэхъ хуэзгъак?уэрт, ауэ литературэм зи гъащ?эр хуэзыгъэпса профессорым ф?ищам арэзы сытехъуащ.

2020 гъэм щ?эздзэри, илъэсищк?э селэжьащ романым. Зэрыт жанрым къыпщигъэхъунк?э хъунущ псори къэзгупсысауэ. Пэжым (фактым) щыщу хэтщ, псалъэм папщ?э: нэмыцэхэр ?уащхьэмахуэ и щыгу зэрыдэк?ар, ?уащхьэмахуэ лъапэ Шамбалэ щ?ып?эр абыхэм къызэрыщалъыхъуар, Тибет къраша ламэхэр. А псом зэгъэу?уауэ мызэ-мыт?эу сыкъыщеджащ Котляров Виктор и ?эдакъэщ?эк?хэм. Ди щ?ып?эхэм якъуэлъ щэхухэмрэ хъыбархэмрэ, илъэс пщ?ы бжыгъэ хъуауэ, жыджэру ик?и гъэщ?эгъуэну къе?уэтэж Котляровым, абы куэдк?э и ф?ыгъэщ сэри абыхэм сызэрыдихьэхар.

Тхылъым и редактор Хьэц?ык?у Рае лэжьыгъэр сыухыху дэ?эпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу къысхуэхъуащ.

Жэнхъуэтекъуэ щыщ Бэтит? Мухьэмэд ф?ыщ?э хузощ? ди щ?ып?эц?эхэм теухуауэ зыхищ?ык? куэдым щыщ къызэрысхуи?уэтам, щыуагъэ зыбжанэм гу зэрылъызигъэтэжам щхьэк?э.

Ди ?уащхьэхэм, къуэхэм, псыхэм теухуауэ сызыщыгъуазэр зэрымащ?эр сигу къоуэ, нэхъыбэ къэсщ?эну согугъэ.

Прозэ тхынми дяпэк?э нэхъ сыпылъынущ, мы тхылъымк?э езгъажьэу къысщохъу прозэм и ?уэхур.

Къаныкъуэ Заринэ

Си егъэджак?уэ Щоджэнц?ык?у Нинэ

и фэеплъщ

ПЭУБЛЭ

Техутэ къе?уэтэж

Къалэкум тхьэмахуэм зэ щызэхыхьэрт хьэпшып т?орысэхэр щащэж бэзэр ц?ык?у. Куэд лъандэрэ абы зы л?ыжь щ?акъуэ къак?уэрт, бгъэхэ?у зэмыл?эужьыгъуэхэр и?ыгъыу. Ямыщэхуу къыхуинауэ зы яхэлът абыхэм. ?уащхьэмахуэ и сурэтыр тету зэрыслъагъуу, ар си нэм къыф?энащ. Къасщтэри зэпэсплъыхьащ: бгы щыгу дыкъуакъуэ къэц?ыхугъуаф?эм нэмыщ?, ди ?уащхьэмахуэ лъапэ къыщык? а?уей шейр тетщ, альпинист ?эмэпсымэхэри къытощ. А псор зытещ?ыхьыжар Урысеймрэ Германиемрэ я къэрал ныпхэрщ, зы к?апэм нэмыцэ жорыр, адрейм советскэ вагъуэ плъыжьыр тетрэ нып к?апит?ыр зэхыхьэжу. Бгъэхэ?ур щ?ащ?амрэ къыщыдэк?амрэ кърипщ?эу «?уащхьэмахуэ – зэк?ужып?э» жи?эу тетхащ, 1992 гъэри к?эщ?этхащ. И хьэпшыпым хуэсщ?а гулъытэм къигъэгуф?эжауэ, л?ыжь ц?ык?ум псынщ?эрыпсалъэу ар къыздик?ар къысхуи?уатэрт. Зэрыжи?эмк?э, бгъэхэ?ухэр бжыгъэк?э куэд мыхъуу 1992 гъэм къыдагъэк?ри Мюнхенрэ Мэзкуурэ щагъэлъэгъуат, дунейпсо тхыдэм дежк?э щхьэпагъ зыпылъ ?уэху пыухык?ат зращ?ыл?ари: 1943 гъэм ?уащхьэмахуэ и щыгу зи ныпыр дэзыхыу щыхэзыт?а нэмыцэхэмрэ абыхэм япэщ?эта советскэ зауэл?хэмрэ ящыщу псэужхэр ?уащхьэмахуэ лъапэ щызэхуэзэу ищхьэм дэк?ыну арат, зэрызэк?ужам, нобэрей гъащ?э мамырыр зэрагъэлъап?эм и щыхьэту. Ар ик?и къэхъуащ, лъэныкъуит?ым щыщу хэтахэри зэхуэарэзыуэ зэбгрык?ыжащ. Л?ыжьым а псор щ?ищ?эр альпинисту и щ?алэгъуэр ихьати арат. Хьэпшып ц?ык?ур къэзмыщэхуми, сызэредэ?уа къудейм зейр щыгуф?ык?ынут, ауэ сэ ар зы?эщ?эзгъэк?ынутэкъым: ?уащхьэмахуэ теухуа псори зэрысф?эгъэщ?эгъуэным нэмыщ?, 1992 гъэм къызэрыдэк?ам бгъэхэ?ур сэрк?э нэхъри хьэлэмэт ищ?ат.

– Уэ мы щ?ып?эм ущыщкъым, дауи, – жи?ащ л?ыжь ц?ык?ум. Хамэу сакъыщохъу иджы куэдым… Бгъэхэ?ум сеплъурэ, абыкъращ?эк?а ?уэхухэрсинэгукъыщ?эувэрт. Ул?а нэужьи ущы?эныр щ?эщыгъуэ зыщ?ыр аращ – сытми щыгъуазэ уохъу. Сэ, Щауейхэ Техутэ, си псэр щыхэк?арбгъэхэ?уц?ык?уркъыщыдагъэк?аилъэсырауэ л?ыжьым дэнэ щищ?энт, укъызэплърэ – ц?ыху псэум и теплъэ си?эмэ, укъызэпсалъэрэ – си макъыр къик?мэ…

КЪУЭЯТ?Э

?

Гъэмахуэр йок?. Удзыр дыгъэм илыгъуэжащи, джабэ нэк?ухэр гъуэжьыфэщ.

Чырбыш щагъэжк?э, къуажэ фызхэм ят?агъуэф? дыдэ Хьэрэмэ?уащхьэ пэгъунэгъу мащэм кърахри къашэ. Ноби аращ, хьэлыуэм хуэдэу гъуэжь ик?и щабэ ят?агъуэр хукхъуэ хапщэурэ лъакъуэк?э яутауэ зи к?уэц?ым псы ираутха къупхъэхэм хьэуп?эурэ ираупц?э, ?эшт?ымк?э хэуэурэ зэгущ ящ?, и щхьэфэр захуэу тралъэщ?эжри, хуэсакъыурэ къупхъэр къыщхьэщалъэфыж. Техутэ ц?ыхубзхэм ядо?эпыкъу, ауэ езым ф?эф? ?уэхури къыдещ?ык?: ят?агъуэ зэхэпщам щыщ къищтэурэ псэущхьэ сурэт ещ?. И инагък?э зы хьэвшыр нехьэкъехуэу шы сурэт ищ?ри дыгъэм хигъэувати, зэрыгъущу, щэщэжащ. Ет?уанэри, ещанэри хъуакъым. Ит?анэ гуэлым кърихащ ят?э ф?ыц?э. Гуэлыр гъунэгъущ, и лъэгур ят?э хьэзырщ, ущыхуейм узыхуейм хуэдиз къих. Дауи игу къэк?а псы щ?агъым щ?элъымрэ ?уащхьэ лъапэ гъущап?эм кърахымрэ зэхилъхьэну? Зэхэзэгъащ! Техутэ и ?эр ят?эм хэлъу гъэмахуэр игъэк?уащ. Зэщхь-зэмыщхьу шы гуартэ хуэдиз иригъэкъуащ, ищ?ым, дыгъэм хигъэувэм, игъэгъущурэ. Ят?агъуэм къыхащ?ык?хэр зэрагъэгъущ хьэку и?амэ, къик?ат и ?уэхур, ауэ дэнэ кърихын? Къуэят?э шырэ мэлрэ щагъэхъу, цым щолэжь, ят?агъуэ къащтэмэ, къыщ?ащтэр чырбыш ягъэжын щхьэк?эщи, ар дыгъэми ф?ы дыдэу егъэгъущ. Аращи, Техутэ и шы ц?ык?ухэр дыгъэм къигъачэм, икъутэжурэ щ?эрыщ?эу ещ?ыж. Джафэу жари мащ?экъым – гуэщым щ?эз мэхъу.

– Сыт апхуэдиз зэрыпщ?ынур? – къоупщ? и анэшхуэ Нэхунэ. Зыри жри?эркъым.

– Сыт апхуэдиз шы сурэт гъэжа зэрыпщ?ынур? Щ?эхуэжыркъым гуэщым! – же?э аргуэру анэшхуэм. Техутэ жэуап иритыркъым. Шы къэс зауэл? тесу и нэгу къыщ?егъэхьэ. Зауэм дагъэк?ауэ щыта шуудзэм ещхь езыми къызэригъэпэщыну хуейщ. Шуудзэр зэрыжылэу яхуэпат, ?эщэк?э яузэдат, иджы Техутэ и закъуэ шыри, ц?ыхури, фащэри и пщэ дилъхьэжащ. Гъэмахуэ псом ерагъыу шищэрэ щэ ныкъуэрэ хуэгъэжауэ аращ, шыр минищрэ щитхум нигъэсу, зауэл? минищрэ щитхурэ игъэжу щихуэпэжыфынур дапщэщ? ?эщэри як?эрылъхьэн хуейкъэ. Къамэ ц?ык?ухэр къызыхищ?ык?ынум йогупсыс, гъущ? к?апэлъапэу къигъуэтыр ирегъапщэ.

Гъэмахуэк?эм уафэгъуагъуэ уэшх щы?э и хабзэтэкъым, ауэ ныжэбэ уафэм уридэк?уеину къошх. Щауейхэ я гуэщыщхьэм тебгъа къамылыр жьым тридзри, уэшхыр хуиту щ?эшхащ, шы ?эрыщ? хъушэм хэшхэри зэхигъэжэбзэжащ. Нэхунэ и нап?э зэтрилъхьакъым, нэмэз щыгъэ игъажэурэ нэху игъэщащ. Техутэ жей ?эф?ым здыхэтым, шы гуартэ губгъуэм щигъэхъурт… Жэщк?эрэ емызэгъ зи хабзэ Нэзыр дади, мащ?эу хэпырхъык?ыу, ипэк?э къимыжеяр ныжэбэ иригъэкъуж хуэдэт.

Шы гуартэ игъэхъуну къызыхуихуэу щытар Техутэ и адэ Бубэщ. Щауей Нэзыр шы завод зэрихьащ илъэс куэдк?э. И къуэ закъуэ Бубэ заводым пасэу тришати, шыхэр хъуп?эм щахук?э, ядэк?уэну ныкъуакъуэрт, Нэзыри хуей-хуэмейуэрэ щ?алэ ц?ык?ур здишэрти шыхъуэхэм ящыщ гуэрым гъусэ хуищ?ырт. Л?ым и жагъуэтэкъым щ?алэм шы ф?ыуэ зэрилъагъур, ахэр зыхуей хуэзэн папщ?э сыт хуэдэ лэжьыгъэми зэрыхуэмыщхьэхыр. Нэзыр и ныбжьыр егъэзыхыгъуэ хъууэ и къарур щ?эк?ыу щыхуежьэм, пщ?ант?эм дэт?ысхьэжри и п?эм Бубэ иригъэуващ. Щ?эт?ысыжыфари арагъэнут – и къуэр губзыгъэу ик?и гумызагъэу ?уэхум зэрыбгъэдэтынум шэч къытрихьэртэкъым. Абдежым ирихьэл?эу заводым и мыхьэнэри къелъэхъшэхат: шы щхьэ бжыгъэшхуэ къэралыр хуэныкъуэжтэкъым, хамыгъэк?уэдэжу хъубжэу я?ыгъынырат я пщэ дэлъыр. Щауей Бубэ л?ы къек?ут, зэп?эзэрытт. Пасэу щхьэгъуси къишат, ауэ бын зэдагъуэтатэкъым. Щ?эблэншэ дауэ зищ?ынт, егупсысри, и щхьэгъусэм т?уанэ тришащ. Къишар фаф?эу, зэрылъэлъу дыхьэшхыу ц?ыху нэ?урытт, и п?астэр шыуаным имыхуэу пщаф?эу, шхыныф?эт. Къызэрашэу уэндэгъу хъури щ?алэ ц?ык?у къилъхуащ… Щ?алэм ц?эр ф?эзыщар Нэзырщ – зауэм хэк?уэда и къуэш нэхъыщ?эм и ц?эр ф?ищащ.

…Техутэ шы гуартэ игъэхъуу губгъуэм иту йопщ?ыхь. Къоушри – жьым гуэщыщхьэр трихащ, уэшхыпсым и ят?эш хъушэр илъэсыжащ…

– Нанэ, щхьэ сыкъыумыгъэушарэ?!

– Зыри пхуэщ?энутэкъым, уридэк?уеину къешхырт. Нэхъыф?щ зэрилъэсыжари. Ухуейкъым, умыщ? аф?эк? шыи нэгъуэщ? псэущхьи.

– Хьэуэ, нанэ, уэ къыбгуры?уакъым, шуудзэ минищрэ щитхум инэхъыбэр губгъуэм къинащ. Мыхэр абы я фэеплът.

– Ят?агъуэ шы ?ушэ ц?ык?ухэри?! Апхуэдэ фэеплъ хуей ахэр?

– Сэ иужьк?э… ахэр щыхэк?уэда щ?ып?эм деж фэеплъ щахуэзгъэувынущ!

– Кхъащхьэ сын хуагъэувауэ къыщ?эк?ынщ абыхэм, апхуэдэу къагъэна уи гугъэ зейхэм?

– Кхъащхьэ сынхэм нэмыщ?, фэеплъ хуагъэуващ, шы сурэту гъэжауэ! Мес, Налышык дэлъэдап?эм деж щытщ зауэл?рэ шырэ, мывэм къыхэщ?ык?ауэ. Сэри сщ?ынущ ди зауэл?хэм я фэеплъ.

– Фэеплъ уэ уагъэщ?ынукъым. Ар зи ?эщ?агъэхэм ящ?ынщ.

– Сэ аращ ?эщ?агъэу къыхэсхар. Еджап?эр къэзухмэ, сыхуеджэнущ.

– Уи адэр псэужкъым, уи анэр и пэшым зыщ?иубыдэжауэ дуней хуитым къытехьэркъым, уи адэшхуэращи, и щхьэр щыхэтыр езым ищ?эжыркъым. Хэт мыгъуэм уригъэджэн уэ?

Анэшхуэм захибжатэкъым щ?алэр езыгъаджэ хъунухэм, унагъуэм нэхъ лъэрызехьэу яхэтыр езырами.

Техутэ и гущхьэ къэк?ыркъым ирамыгъэджэну, а и нэгу къыщ?эувэ фэеплъыр мывэ абрагъуэ къигъуэту къызэрыхи?ущ?ык?ынуращ зэгупсысыр. Шуудзэм хэтахэм зэ нэхъ мыхъуми ?уплъащэрэт! Дапхуэдэу п?эрэт абыхэм я теплъэр? Нэзыр, жьы хъууэ сабий акъылым хуэмык?уэжатэмэ, къыжри?эжынт и нэк?э илъэгъуар – шуудзэр къызэзыгъэпэщахэм щахэтак?э, дауи, абы псори и нэгу щ?эк?ащ. Дыси ищ?энут зыгуэр – абы и л?ыр шуудзэм хэту дэк?ри къигъэзэжакъым. Арщхьэк?э фызыжь ?эзэр зыми епсалъэркъым.

Шыр, л?ыр, ?эщэр, фащэр – дапхуэдэу къызэгъэпэщат? Зауэл?хэр дауэ къыхаха? Хуейуэ хъуар хагъэхьэрэт? Щ?алэ ц?ык?ур зыщ?эупщ?энур ахэрат. Еджап?эм щезыгъаджэхэм абы хащ?ык? щы?экъым, уи нэхъыжьхэм еупщ?, къыжра?э. И нэхъыжьыр дадэщи, абы и ?уэхур щхьэхуэщ.

…Жьыр къы?уроуэ Техутэ. Хьэрэмэ?уащхьэк?э ят?агъуэ къэзышэну шыгу зэщ?эщ?ак?э ежьахэм захигъэхуащ аргуэру. Чырбышыр къемэщ?эк?ащ унэщ?э зэтезылъхьэхэми, гъэмахуэр ик?ами, чэмар ирагъэкъужын хуейщ. Ят?агъуэм халъхьэну шывейри хьэуазэри ягъэхьэзырауэ къуажэщ?ыбым деж щ?ы?энэщ?ым щызэтелъщ, ини ц?ык?уи ежэнурэ абдежым ят?эр лъакъуэк?э яутэнущ, зыхуейм хуэдиз чырбышыр асыхьэту къыщ?рагъэдзынущ. Щ?ыхьэхущи, ?уэхур псынщ?эщ.

Ят?агъуэ мащэр мазэ ипэ зэрыщытам елъытауэ хэпщ?ык?ыу нэхъ куу хъуащ. Фызхэм ят?агъуэр шыгум ирак?утэ, Техути зэрыхъук?э ядо?эпыкъу. Шыгум из мэхъури, къожьэжхэр. Щ?алэм гупым закъык?эрегъэху. Ик?ащ гъэмахуэр, шы сурэт аф?эк?а игъэжыфынукъым. Техутэ Хьэрэмэ?уащхьэ и щыгум къытет?ысхьэжауэ къоплъыхри тесщ. Щ?ыбк?э тогъуалъхьэри удз щабэм хэлъу уафэм доплъей. Пшэ хужьхэр, аргуэрыжьщи, къыдогушы?э. Апхуэдэщ сыт щыгъуи – уафэм пшэ къытрихьамэ, псэущхьэщ е ц?ыху сурэтщ, хьэзырщи – тещ?ык?, нэгъуэщ? къэлъыхъуэни хуэмейуэ. Шууейхэр к?апсэлъэрышэу къыщхьэщохьэ иджы: зы, т?у, щы… мори шущ, мо иужь итыр шы пц?ани, тесар епсыхыжа хуэди… Техутэ ?урехри мэжей.

Сосрыкъуэ щык?уэда ?уащхьэм, нартыжьхэм я джэгуп?эжьым ущ?алэ ц?ынэрэ у-антыхэу ущыжей хъурэ? Жейрэ л?арэ, жи. Фыкъызэжэ вындыжьу уафэм имыхуэжыр, хьэ?уцыдзу къуэладжэм дэзыр, яжеп?э хуэдэкъэ? Бгым жин къалэ итщ, апхуэдэу хуит захуэпщ?амэ, тегушхуэгъуаф?э уамыщ?ынрэ?

?

Къуэят?э къуажэ ц?ык?ущ, уэрамит?, унагъуищэ тесу – аращ зэрыхъур. Псори зэроц?ыху. Л?эщ?ыгъуэ блэк?ам, 30–40 гъэхэм, лэжьыгъэ я куэду щытащ – ц?ыхухъухэм я нэхъыбэр шы заводым щылажьэрт, ц?ыхубзхэм цым щелэжь фабрикэм щ?ак?уэ щащ?ырт. Къыпэк?уэр мащ?эми, я хэк?ып?эр арати, жылэ ц?ык?ум дэсым щхьэкъэ?эт я?этэкъым. Абы къыщыдэхуэм я унагъуэр зыхуей хуагъазэрт: ?эщ зэрахуэрт, я щ?ы к?апэм зыгуэр къытрахыным ел?ал?эрт.

Хэку зауэшхуэр къэхъейри, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м шууей минищрэ щитхурэ, лъэсыдзэм хагъэхьэну зауэл? миным щ?игъу – псори зэхэту минитхум нэблагъэ къигъэувын хуейуэ унафэ къэк?уащ. Къуэят?э зыхиубыдэ щ?ыналъэрат шы завод здэщы?эр, шуудзэр шык?э къызэзыгъэпэщыфынур. Сыту щ?алэ ек?у защ?эт, бжьыф?эхэт а шыхэм тет?ысхьахэр: цей ф?ыц?эрэ цеищхъуэу, къамэри сэшхуэри як?эрылъу, щ?ак?уэ ф?ыц?эхэр зэк?уэц?ыгъэджэрэзэжауэ япщ?эхэлъу. Щ?ымахуэр ирамыхыну хэт и гугъэнт…

115-нэ кавдивизэр къызэгъэпэщыным жыджэру зэрыхэтам щхьэк?э Техутэ и адэшхуэм щытхъу тхылъ къыхуригъэхьат езы Сталин дыдэ. Нэхунэ ар ноби ехъумэ сурэтхэм яхэлъу.

Техутэ адэншэу къохъу. Анэри имы?э пэлъытэщ, щхьэгъусэр зэрыф?эк?уэдрэ псалъэуи ц?ыхум яхыхьауи зыми илъэгъуакъым, зыкъыхуэщ?эжыркъым. Адэшхуэр жьы хъури хэпсэлъыхь къищтащ. Щ?алэ ц?ык?ум игъуэтыр анэшхуэращ, зыгуэрым щ?эупщ?энуми, зыхуэныкъуэ?ами. Джэгуп?эу и?эр гуэл ят?эмрэ мэз лъапэмрэщ. Гуэлым хэлъ ят?эр хущхъуэщи, ц?ыхухэм куэд щ?ауэ къагъэсэбэп, щ?ып?э жыжьэхэм къик?ыурэ зыхьи щы?эщ, абдеж дыдэм зыщызыхуэу щысхэри мащ?экъым.

Дысэ, гъунэгъу фызыр, а гуэлым к?уэрейщ. Зыми илъагъуркъым абы ят?э къыщыхих щ?ып?эр, абы хуэдэуи ар къэзыгъэсэбэпыф, абык?э узыфэхэр зыгъэхъужыф гъуэтыгъуейщ. Удз хущхъуэми хещ?ык?. Дысэ Къумыкъумк?э кърашащ, къызэрашэри мэ?эзэ. Антыхэбзэк?э уэрсэру мэпсалъэри, зригъэщ?ауэ пщ?энукъым, антыхэу къалъхуауэ ф?эк?а.

Ц?ыху куэд къыдохьэ Къуэят?э, ар ягъэ?эзэну. И къуажэгъухэр къыхузэгуэпамэ, хужа?эн ягъуэт: ят?эк?э игъэхъуж зищ?урэ, удз игъавэ хуэдэурэ, щхъухь зэхелъхьэ, хьэпэщыпхэ ещ?, удыжьщ. Удыгъэк?э пхуэгъэшынэни антыхэм яхэмыт. Ауэрэ, совет властым и лъабжьэр игъэбыдэрти, ?эзэгъуазэр зэманыжь блэк?ам и щ?эиным хригъэубыдащ – хуитыжтэкъым Дысэ хуэдэхэр «лэжьэну». Дысэ и зэф?эк?ыр мыхъуамэ, и щхьэгъусэ Уэсмэн и хьэдэр губгъуэм къинэнурэ, вындымрэ дыгъужьымрэ яшхыжынут. Кавдивизэм хэту Уэсмэн зауэм щыдэк?ым, Дысэ абы упщ?э хужь хуригъэщ?ри щ?ак?уэ хуидат. Дысэ ищ?эрт Уэсмэн псэууэ къызэримыгъэзэнури и хьэдэ зэримылъагъужынури. Упщ?э хужьым к?уэц?алъхьэжмэ, джэбын папщ?э хуэхъунщ, жыхуи?эу арат. Къыздрагъэщтакъым: зауэл?ым и щ?ак?уэр ф?ыц?эу, и цейр ф?ыц?эу е щхъуэуэ щытын хуейт. Цей ф?ыц?эрэ лъыпц?э защ?эу хамэщ? губгъуэм щехуэхащ. Щхьэгъусэм и нат?э хъуар щ?ыфэк?э зыхэзыщ?а Дысэ жэщ, махуэ имы?эу «лэжьащ». Хьэдэм и нит?ыр къриу?ук?ыну вынд ф?ыц?эр къэсри къыщхьэщыт?ысхьат – Дысэ игъэлъэтэжащ, и гуращэу къэлъэтар ?эпигъэхури. Адэк?и «лажьэурэ», Уэсмэн зытеджэла щ?ы к?апэр кумбу пхригъэхури, ят?э ф?ыц?эр тригъэщэщэжащ – апхуэдэ щ?ык?эк?э «щ?илъхьэжащ» л?ым и хьэдэр. Пэжщ, кхъащхьэр къыхэгъэщакъым, къыпхуэгъуэтыжынукъым ар зыщ?элъыр, ауэ хьэк?экхъуэк?эм я ?ус хъуакъым. Хэти къилъыхъуэжын, зыпхъу закъуэ ф?эк?а къыщ?эмынамэ…

Дысэ игу зыхупихыр а зыпхъуращ – Улэщ. Сымаджэу къыхуэк?уэхэмрэ зи щхьэ къыхуэзыгъэт?ылъхэмрэ гущ?эгъу яхуищ?ыныр и «лэжьыгъэм» къриубыдэкъым. Ат?э щхьэ ядэ?эпыкъурэ? И пэшэгъухэм къыхуадэкъыми… Дысэ а нэрымылъагъу дэуэгъу-дэ?эпыкъуэгъухэм ягуры?уащ езыр псэуху ядэлэжьэну, Улэ ?эзэгъуазэ ?уэху хамышэну. Зэгуры?уа? Абыхэм уазэрыгуры?уэфынум хуэдэу ягуры?уащ – тхьэры?уэ къапыпхынукъым, ?эщым ещхьу къыпхуэгъэдэ?уэнукъым, ауэ, арэзы къыбдэхъуамэ, зыкъыуагъащ?э. Дысэ сытри идэнут, Улэ псэук?аф?э хъуну ищ?эмэ.

Улэ къэзыц?ыхухэм къытра?уэрт и анэм ещхьу ?эзэ хъужыну, абы шэч къытрахьэртэкъыми, къыхузэщ?эплъырт, сытым щыгъуэ къытещыну п?эрэ зэры?эзэр, жа?эу. «Къыбдалъхуар пк?эрыхуну сытолажьэ», – жи?ауэ щытащ зэ Дысэ, хъыджэбз ц?ык?ур сымаджэ къы?эщ?эхъуати. Хъужащ, къэтэджыжри еджэным пищащ. Ауэ, къыдалъхуар зэк?э тригъэк?уэтами, к?уэдыпэнутэкъым… Улэ илъэс пщык?утхум щихьэм зричащ, зилъэщ?ащ, зы илъэс дэк?ыжри, мо псыгъуабзэу щытам блэк?ар къыхуеплъэк?ыжу лы къищтащ, и нэгум ущызэк?эщ?эплъу, и ?эпкълъэпкъыр лант?эу, езыр щабэу теувэу, лъэбакъуэ зэврэ ужьэ к?уэк?эу. Хъыджэбзу жылэм дэсым Улэ нэхъ дахэ яхэттэкъым. Щ?алэ балигъхэм я плъап?эт, зи балигъ хъугъуэхэри къык?элъыплъырт. Сэлсэветым щ?эс Бэрий ?эшэ нэгъунэ къытехъуэпск?ыхьырт. Мы ?эзэм къилъхуар уэркъыпхъу ф?эк? пщ?энкъым жаригъы?эу, пщэхунапэхут, шэк?э зэщ?атхьэщ?ам хуэдэу. И нэгум хуиту псори къиплъэми, хъыджэбзым и ?эпкълъэпкъым щыщ къыщ?игъэщыну ф?эф?тэкъым.

Ят?э гуэлым к?уэрти зигъэпск?ырт Улэ. Щ?алэхэр зытемыгушхуэным тегушхуэрт: гуэлым зэпрысык?ырти къызэпрысык?ыжырт. ?эшэлъашэм ис зы ц?ыхубзи игу къэк?ынутэкъым ят?э хущхъуэм щыщ зыщихуэу гуэл ?уфэм ?усыну. Улэ абыи тегушхуэрт, арауэ къыщ?эк?ынт и щ?ыфэр щ?экъабзэр, и къупщхьэ зэрытып?эхэр быдэу, и ?эпкълъэпкъыр лант?эу къыщ?эхъуар. И ныбафи, и шхужьи, и бгъэхэми, и ?э-и лъи, и напи зэщ?иц?алэрти куэд лъандэрэ гъэпщк?уп?эу и?э удз ?увым и кум хэт?ысхьэжырт. Зыкъомрэ зэф?эсщ, ит?анэ и лъакъуэ к?ыхьит?ыр щ?иукъуэдиик?ауэ, дыгъэм ?эпл?э хуищ?ыну зиший нэхъей, и ?ит?ыр зэк?эщ?эхарэ ?этауэ мэт?ыс. Гуащ?эр игъэбагъуэу зыгуэр къахьэс нэбзийхэм хъыджэбзым деж. Ауэрэ зеукъуэдийри, ц?ыху зытримыгъаплъэ и ?эпкълъэпкъ хужь зэк?ужыр гуапэу къытелъэщ?ыхь дыгъэм хуит хуещ?. И нэр зэтеп?ами, нап?эм к?уэц?рыплъурэ дыгъэм еплъу щылъщ… Щылъщ, щ?ым къызэрыхэк?ар ищ?эу, щ?ым зэрыщ?ыхьэжынуми щыгъуазэу. А т?ум я зэхуаку нап?эдэхьеигъуэм щыгуф?ык?ыу, ф?ыгъуэу абы хэлъыр зыхищ?эу…

И ныбэм къихъуэну сабийм егупсыст, ар и нэгу къыщ?ыхьэрти, щы?эу имыщ?а гурыщ?э гуэрхэр къыпкъригъэшасэрт. Зэгуэр и?эну сабийр иджыпсту зыхищ?эрт гъащ?эм пызыщ?э къуэпс лъэщу. Улэ зыхэтыр езыр-езыру къак?уэ гупсысэ ?эф?щи, адэк?и зишэщ?ти, сабийм и адэр «илъагъут», л?ыр къыздик?ыну лъэныкъуэр ищ?эрт. И нэгу къыщ?эувэр л?ы к?ыхьт, пл?абгъуэу, къамылыфэу, набдзэ к?ыру. И шырыкъум сабэ къелъэлъэхт. Абы бгъурыувэрэ и гъусэу к?уэмэ, зыщ?эсыну унэр «зэпиплъыхьырт», зыхэсыну хьэблэм «яхэплъэрт».

Апхуэдэ зы махуэу, къыпэплъэ гъащ?эм хэплъэу здэщылъым, джэду лъакъуэ гуэр къытепк?эри къыхэк?иик?ащ: «?ук? адэ!» Арщхьэк?э зыри щыткъым и гъунэгъуу. Ар дауэ ухъу – къапц?эу, зыхэт дуней дахэм зыгуэр къыф?эщ?а щхьэк?э къащтэу къыхэк?ыжыну?! Ят?эу зыщихуар дыгъэм к?эригъэгъущхьащ, и напэм быдэу тежыхьащи, зы гурыщ?и къищынукъым, и гур къызэреуэр езым зыхищ?эжми. Зигъэщхъауэ, удз к?ырым зыкъыхимыгъэщу гуэл ?уфэм нос, зыхедзэри, къигъэщ?ытэм, и?уэтурэ ят?эр зык?эрегъэк?ыж. Къабзэ хъужа и ?эпкълъэпкъыр псым щ?егъэмбрыуэри, зыкъи?этыжмэ, и дамэхэм, и пл?эм ежэхыж псы къабзэм и гум жьы дрегъэху, и нэк?ум къежэх тк?уэпсхэм бзэгупэк?э йобзейри, зыми хуэмыдэу ?эф?у къыщохъу. Улэ псым къыхок?ыж. Псы тк?уэпс ц?ык?ухэр и хъыджэбзыфэ щабэм ежэхыурэ лъэпкъынэм щынэсым, щ?ым зыщ?ифыжыни къыхэмынауэ зеухыж. И нэк?ум к?эрыпщ?а шылэ щхьэц ?эрамэ ц?ык?ур ирелъэщ?эк?ри тхьэк?умэм дегъэзагъэ. И ?ит?ыр и щхьэщ?ыбагъым щызэридзэри, и бгъит? щызыр, и ныбэ захуэр, бдзэжьейуэ джафэ и куэ тк?иит?ыр дзыхь зыхуищ? дыгъэм хуигъэзащ, модрейми и бзийхэмк?э хъыджэбз ?эпкълъэпкъыр зэщ?ибзаеу щ?идзащ. Улэ зэщ?эгъущхьэжащи, и дамэщхьит?ым щыщ?идзауэ и ?эгу щабэхэр зыдилъэурэ кърегъэх. И фэр шылэм хуэдэщи, ?эгур тож, и быдзыпэ ц?ык?ухэращ пхъэшагъэ т?эк?у зыхезыгъащ?эр. Хуэму зытелъэщ?ыхьыжурэ ех и ?эгухэм куафэ щ?ы?умк?э тра?уант?э. Нэ лей хуейкъым хъыджэбзыр, ауэ зыгуэр зэрымыщ?эк?э кърихьэл?эми, нэбзийхэр и нэм щ?эпсэнурэ щигъэунк?ыф?ык?ынущ, Улэ къытеплъэфынукъым. Мы лъэхъэнэм ар зейри, къытехъуэпск?ыхьри, езым ф?э?эф?ри дыгъэращ. Мис, зыкъыщимыгъэнщ?у и нэбзийхэмк?э къыхуогуапэ, къодэхащ?э, зылъэмы?эс къимыгъанэу хъыджэбз ?эпкълъэпкъыр зэщ?егъэхьэ. И щ?алагъыр, зыхищ?эжу бгъэдэлъ гуак?уагъэр, хущхъуэгъуэ зыхэлъ псыр, псэ зы?ут дыгъэр зэхыхьэщ, зэщ?эувэри Улэ и гуащ?эр къебэк? ящ?ащи, къызэрымык?уэ зэф?эк? и?эу, псоми къащхьэщык? лъэк?ыныгъэ игъэлъэгъуэфыну къыщохъу. Апхуэдэ дыдэк?э къыщогугъ щэхуу къык?элъыплъ джэдуушхуэри.

Все книги на сайте предоставены для ознакомления и защищены авторским правом