Зарина Саадуловна Канукова "Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс"

Зарина Канукова – кабардинский поэт, драматург, автор восьми книг стихов. Роман «Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» – первое прозаическое произведение автора. Написанный в жанре магического реализма, роман синтезирует традиции адыгской (кабардинской) литературы и художественные приемы современной прозы. В сюжете переплетаются важные исторические события ХХ века, судьбы простых героев и явления, сопровождающие адыгов из поколения в поколение, как, например, присутствие «снежного человека» и наличие «мест силы» в горах.Сюжет разворачивается на историях двух семей, где в отношениях доминируют любовь и самопожертвование.

date_range Год издания :

foundation Издательство :Автор

person Автор :

workspaces ISBN :

child_care Возрастное ограничение : 16

update Дата обновления : 18.05.2024


?эзэ хъумэ, и фэр к?уэдыну мэгугъэ къефыгъуэ хъыджэбзхэр. Улэ фае щ?охъук?хэри, къыхущ?обжэ: и анэ ?эзэм зыгуэрхэм ирегъафэри аращ щ?эдахэр, аууей, зышэр унэхъуащ.

Еянэ классыр къызэриухыу и анэм къыщ?ишыжат къуажэ еджап?эм – зэрырагъаджэм хуэдизрэ колхоз губгъуэм щагъэлажьэрт еджак?уэхэр. Зэгупсысаращ: аргуэру жэщхэсу яшэнущ, абдеж къэхъунур пщ?эркъым, къепхъуэнщи яхьынщ е тегушхуэгъуаф?э къащ?ынщи лей кърахынщ. Дысэ и пхъур унэм щ?иубыдэжат пц?ышхуэ иупсри: сымаджэщ, согъэхъуж, еджэфынукъым, лэжьэфынукъым… Апхуэдэу, колхоз бригадирыр зытримыгъэхьэурэ илъэсит? дигъэк?ри, малъхъэ къигъуэтащ.

Зэгуэрым Тэру Пагуэ Бахъэсэн йок?ри, Арщэбэ шыщэху мак?уэ, Арщэбэ йок?ри, къилъыхъуэр Къуэят?э къыщыщ?ех. Шыуэ къыхуагъэлъэгъуам зы пц?эгъуэплъ къахех, асыхьэту уанэ хутралъхьэ, мэшэсри къуажэ уэрамым дохьэ. «Зи уз к?уэдын, си куэбжэпэм укъыщыс си дыщэ к?анэр уи нэм щ?эзмыгъапсэмэ…», – Дысэ игу къэк?ар Улэ ф?эк? зыми ищ?эртэкъым.

– Улэ, к?уэи Нэхунэ шыгъу т?эк?у къысхуе?ыхыт… Хъыджэбзыр уэрамым зэрытехьэу шу блэк?ыр къеплъын хуейт, къеплъар – къехъуэпсэнут, къехъуэпсар – къыщ?эупщ?энут. Лъыхъу къигъак?уэмэ, Дысэ сыт щхьэк?э ?уигъэк?ыжын? Ипхъу закъуэр Бахъэсэн нэс иригъэшэну ф?эжыжьэщ, ауэ Къэбэрдейм ик?ыркъыми, абык?э игу егъэф?. Езыр Къалмыкъым нэс кърашати, мис, къелащ… Л?ыр и пхъум нэхърэ ф?ыуэ нэхъыжьми, къек?ущ, зыхэпсэук?ын и?эщ, колхоз фермэм и унафэщ?щ. Фыз и?ами, бын щ?эсу иригъэк?ыжами, ар дагъуэ хуищ?ыркъым.

Шым тес л?ыр Улэ къиц?ыхуащ сабэ зытелъ и шырыкъумк?э – и нэгу къыщ?ыхьащ а шырыкъуит?ыр езым хуитхьэщ?у. Худэплъейрэ и нэгум иплъэмэ – арат, бын зыдигъуэтынурат… Шур хъыджэбзым к?элъыплъащ, зыдыхьэж пщ?ант?эр зригъэлъэгъуащ.

Тхьэмахуэ дэмык?ыу Пагуэ къытригъэзащ, зы мазэ дэк?ыжри, лъыхъу къигъэк?уащ.

Хьэблэм дэсхэм ящыщу Нэхунэ закъуэ къызыпхигъэ?ук?ат фыз зи?а епт нэхърэ, зэк?э дэсми нэхъыф?щ, дахэ дыдэщ, зышэн иджыри къыкъуэк?ынщ, жи?эри. «Зезышэни къыкъуэк?ынущ, адэншэ-дэлъхуншэр тегушхуэгъуаф?эщ», – фыз ?эзэм ар игук?э жи?эри, къахукъуэк?а насыпыр блигъэк?акъым, Улэ нэчыхь т?эк?ур хурагъэтхэри, Пагуэ иратащ.

?

Дарий шыгук?э яшащ Улэ. Дарийк?э къыщ?адзами, зэгъэзэхуэпауэ, ебзыхьэк?ауэ псэу унагъуэт зыхэхуар. Пагуэ лэжьак?уэжьт, коммунистпартым хэтт, къэралыр къулей ищ?ыну, гугъу зригъэхьу лажьэрт.

«Апхуэдиз гъэшымрэ ?усымрэ щыхэтк?э, и унагъуэми зыгуэр къихьэсынщ. Къуэл?ык?ынкъым абы Улэ… Жьы къыщ?эмыпщэу, псы къыщ?эмыуэу къуэпсэук?ынщ», – Дысэ хущ?егъуэжыртэкъым ищ?ам. Ухущ?егъуэжи хъурэ: изэгъащ Улэ, быныншэщ жи?эу л?ым къригъэк?ыжакъым, илъэс бжыгъэк?э пэплъауэ, хъыджэбз ц?ык?у ягъуэтащ. Май мазэу дунейм къытехьати, Майе ф?ащат, ауэ ц?э лей ф?ащын хуейуэ къылъыкъуэк?ащ. И нэ зэрыхъэм хуэзэу, и нат?эбгъу ц?ык?ум техьэу анэлышхуэ тетт сабийм.

Менлы ф?эщын хуейуэ жызы?ар гъунэгъу фызт. Ц?э лейр шэуэ къытехуащ Улэ, Майер ф?эзыщар езырат.

– И напэм к?уэнущ, Менлык?э фемыджэмэ! Фыщ?егъуэжынщ! – анэмрэ анэшхуэмрэ я гур хурихри, гъунэгъу фызым к?эбгъу зищ?ыжащ. Улэ ар и япэ гухэщ?т – Майе и ц?э лейри ?эпап?эу телъ ф?ыц?аф?эри.

Майерэ Техутэрэ илъэс я зэхуакуу арат, Техутэ нэхъыжьу. И дыщым къэк?уэжыху Улэ щ?алэ ц?ык?у адэншэр илъагъут, и щхьэм ирилъытырти и гур хупихырт. Техутэ сабий щхьэк?э, хьэл зэрыхэлъыр къытощ, зэп?эзэрытщ, ?эпэ?эсэщ.

Дысэ Ят?эгуэлым кърих ят?э ф?ыц?эмк?э къупщхьэ уз, щ?ыфэ уз зи?эхэм е?эзэмэ, Техутэ а гуэл дыдэм кърих ят?эмрэ Хьэрэмэ?уащхьэ пэгъунэгъуу къыщ?ах ят?агъуэмрэ зэхегъэзэрыхьри, шы сурэт егъэж. Улэ ф?эгъэщ?эгъуэнщ Техутэ зяужь итхэр. Налышык ущыдэлъадэк?э фэеплъ щытщ л?ым и шым, и къуэш хуэдэу, зришэк?ауэ. Щ?алэм хуабжьу игу ирохь а фэеплъыр. Къуэш и?амэ, апхуэдэу илъагъунут езыми. Шыи и?экъым, къуэши и?экъым. Адэшхуэр щхьэхуэпсалъэщ. И анэр сымаджэщи, къеплъыххэркъым. Анэшхуэращ упщ?эк?э щ?игъанэр.

– Сытыт шуудзэм хэтахэм я?ыгъар, ящыгъар? Я сэшхуэхэр сыт хуэдэт? Я къамэр-щэ?

Зэгуэрым Нэхунэ и хъугъуэф?ыгъуэхэр щихъумэ пхъуантэ щ?ыхум дэ?эбэри дадэ и къамэр къыдихащ:

– Мис мыпхуэдэ зы?ыгъа яхэтащ. Мыр уи адэшхуэм и адэжым ейуэ щытащ…

Иригъэплъ къудейри дилъхьэжащ. Абы лъандэрэ Техутэ пхъуантэр и гъуэлъып?эщ, и т?ысып?эщ, и ?энэщ, и джэгуп?эщ. Пхъуантэм ?унк?ыбзэ етакъым, ауэ ар зэтезыхыну хуитыр Нэхунэ и закъуэщ. Дыху сабын, абы и мэр зыщ?эзыша щэк?ыщхьэ зытхухрэ гуэлмэдын удзыфэрэ. Абыхэм нэмыщ?… абыхэм нэмыщ? хьэдэтепхъуэ, кхъащхьэм траутхэ дыху, сабын ф?ыц?э, хьэдэр щагъэпск?к?э я?эрыгъыну хъыдан ?элъэ, л?ам и жьэ къупщхьэр зэрыщ?апхэжыну хъыдан хужь… Ахэр езы Нэхунэ и гъэт?ылъыгъэщ. Хьэдэтепхъуэм к?уэц?ылъщ зэрыщ?алъхьэжыну ахъшэ т?эк?ури. И нысэмрэ я гъунэгъу нысащ?эмрэ иришал?эри яригъэлъэгъуащ и хьэдэ хуэ?ухуэщ?эр, л?эмэ, ахэращ пхъуантэм дэ?эбэу къыдэзыхынур.

И анэшхуэм псэ ?умытыжу еплъыфынукъым Техутэ. И нэхъыжьхэр псори л?эжын хуейуэ щыщытк?э, нанэ иужь дыдэ къинамэ арат. И анэр ф?эгуэныхь щхьэ мыхъурэ? Абы куэд щ?ауэ псэ хэмытыжу къыщохъу, есэжащ… «Уи л?ым удыщ?ыхьэфынукъым, апхуэдизу зумыук?ыж…», – къыжра?ами, и пкъыр дунейм къытенэри и псэр л?ам дыщ?илъхьащ. Ныбжьым ещхьщ, зэгуэрым ущызэк?эщ?эплъу лы телъащ, нэк?ущхьэплъу, дыхьэшхырилэу щытащ. Иджы сыт? Щылъщ, мэбауэ, псалъэркъым. Игук?э Тхьэшхуэм йолъэ?у гуащэм и пхъуантэ щ?ыхум дэлъ хьэдэтепхъуэр езым къыхуащтэну. Нэхунэ иджыри къищэхунщи игъэт?ылъыжынщ… Дыси и?эщ апхуэдэ пхъуантэ т?орысэ, ауэ абы дэлъыр нэгъуэщ?щ: тхылъымп?э ц?у, пэрытхэ, блафэ, шындырхъуоущхьэ гъэгъуа, удз лъабжьэ, жыг лъахъц. Псы утхъуа гуэр зэрытабдж птулък?эдэтщ. Къыхуэк?уат зы сымаджэ, и лъапэр пыуц?ынык?ауэ. И фэм щыщ къытрихри а псы хущхъуэм хидзат. П?алъэ гуэрк?э зэхэшыпсыхьынути, къак?уэу къищтэжын хуеят, ауэ къытригъэзакъым, емыгугъу гуэру къыщ?эк?ащ. Ф?ы щ?ихакъым – и лъакъуэм е ек?уэри, пахын хуей хъуащ. Птулък?эр хыф?эдзэжын хуейуэ дэлъщ.

Дысэ лажьэ имы?эу къыщагъэкъуэншэжи куэдрэ къохъу. Ц?ыхур зыхуей псор хуэпщ?эфынукъым, «си ?эзэгъуэ иткъым» жи?амэ, абы пц?ы хэлъкъым, «хуэмылэжьэфыну» аращ. «И пэшэгъухэм хуит къащ?ыркъым», – жа?э апхуэдэхэм деж. Дысэ зэхех а псалъэмакъхэри, мэгъумэт?ымэ: «Сыт мыгъуэ фэ абы хэфщ?ык?ыр?»

Къуэят?э жылэ ц?ык?ур тхьэмыщк?эу мэпсэу. Зи ныбжь нэблэгъахэр колхозым хэтауэ аращи, сыт, къалэжьа щы?экъым. Псыхуабэ къалэ гъунэгъу дыдэщи, абы к?уэурэ сату зыщ? унагъуэ зыт?ум нэхъ зыкъа?этащ, мыдрейхэр а зыщ?эса сэман унэ лъахъшэ ц?ык?ухэм къыщ?энащ. Мэзым пхъэ кърахынумэ, хуит къащ?ын хуейщ, щ?ымахуэм ф?амыщ? зи?эр къулеижьу ябж.

Техутэ и еджап?э к?уэгъуэм нанэ къегъэуш, абы щыгъуэм хьэкум илъ маф?эр зэхэк?ыжарэ пэшыр щ?ы?эмылу…

– Нобэ сымык?уэу хъунукъэ?

– Уделэ уэ, Щауейхэ я къуэ закъуэр еджэфакъым, жебгъэ?эну ара? Техутэ апхуэдэхэм деж едэ хэт сыт жи?энуми. Зэгуэрым, къэмытэджыфу ?урихыжауэ, пщ?ыхьэп?эу елъагъу я къуажэ уэрамит?ми ц?ыхур дэзу дэтрэ бжьэ къэпщ?ауэ зэрызехьэу: «Щауейхэ я къуэ закъуэр еджэфакъым, еджап?эм яхуэк?уакъым, еджэн идакъым! Нанэ едэ?уакъым! И адэр псэужтэкъым, и анэри л?ат! Унэ щ?ы?эм щ?эл?ыхьащ, л?ащ, тхьэмыщк?э, щэхубзэу и псэр хэк?ащ…» Пэж дыдэуи, Техутэ и анэр л?ауэ нэху къек?ат. Щ?алэ ц?ык?ур щ?эщтэжат пщ?ыхьэп?эр нахуап?э зэрыхъуам. Нэхунэ и хьэдэтепхъуэр пхъуантэм езым и ?эк?э къыдихын хуей хъуащ. Улэ и дыщым къэк?уэжауэ Техутэ къыхуэзэмэ, зыбгъэдешэри и щхьэм ?э къыделъэ – иджы ар зеиншэ хъурейщ. И анэшхуэр л?эмэ, хэт зып?ынур? Сабий унэм ирамытарэт. Улэ дахэщ, и ?эпкълъэпкъыр лант?эщ, и щхьэцыгъуэр ухуэнарэ и щхьэм къешыхьэк?ыжауэ, езым къабзэмэ къык?эрихыу. Техутэ ф?эф?щ абы и ?эпл?эри, и щхьэм къыдилъэ ?эри.

Аргуэру щ?алэ ц?ык?ум игу къок? и нанэр куэдрэ мыпсэуну. Нанэ псэунущ, псэунущ, псэунущ…Техутэар быдэу игу ирилъхьащи, аращ пэж хъунур. И анэр нэгум къыщ?оувэ, ар нэщхъейуэ къоплъ: «Си къуэ ц?ык?у, сэри сыпсэуами хъунут. Уэ зым ф?ыуэ сыкъэплъэгъуамэ, сыпсэунут иджыри, си фэм сыкъихьэжынурэ, сыгуф?энут, сыдыхьэшхынут, сыпщэф?энут, щ?акхъуэ зэтеуп?эщ?ык?и пхуэзгъэжьэнут…» Техутэ Улэ и бгъафэм зыщ?екъузэри, зэщыджэу магъ. Майе щ?алэ ц?ык?ум бгъэдохьэри ?э делъэ. Майе псалъэркъым, бзагуэу аракъым, ауэ псэлъэгъуейщ. Зэзэмызэххэщ щыгуф?эр. Райцентрым щыщу Дысэ ц?ыхуит? къыхуэк?уат. «Къулыкъущ?эшхуэ Налышык къик?ынущи, ар къыщык?уэм ирихьэл?эу уи деж ц?ыху ?умытамэ арат!» Дысэ къыжра?эр зэхих-зэхимыхщ. Сэ махуэк?э къэк?уэнур зэзгъэзахуэркъым, жи. И нэр егъэплъыз, ит?анэ лъэныкъуэк?э йоплъэк?. «Бэрэжьейм шэджагъуэ нэужьу кърек?уэхэ», – яжре?э.

…Техутэрэ Майерэ зыкъомрэ уэрамыщхьэм деж щыджэгуахэщ, ит?анэ зэуэ т?ури бзэхащ. Улэ гужьеяуэ къижыхьырт, гъунэгъухэри къыхуэгузавэрти, къыдэлъыхъуэрт, ауэ ягъуэтыртэкъым. Къагъэхъуа хьэжэпхъажэри ямыщ?эхэу, Техутэрэ Майерэ гуэл ?уфэм щы?эт, къамыл къыщык? псыпц?эм пэгъунэгъуу. Нанэхэм, абык?э ягъэшынэу ц?ык?ухэр псыпц?эм хамыгъэхьэну, хьэщхьэвылъэ хэсщ жра?эрт, ар шынагъуэ дыдэу, сабийхэр идыгъуурэ ишхыу ща?уэжырт. Хъыджэбз хьэщ?э ц?ык?ум ар зригъэлъагъуну мурад ищ?ри ежьащ. Техутэ егуорт: «Ухэмыхьэ, абы ухыхьэ хъунукъым!» – жи?эурэ, ауэ къедэ?уакъым, зэрык?уэм хуэдэури хэук?уриящ. Хьэлэмэткъэ, къэщтакъым ик?и к?иякъым, псыпц?эм хэс бабыщ къуэлэнхэм я абгъуэ нэщ?ым теувэри къызэф?эувэжащ. Къэтэджыжа нэужь, Майе елъагъу: Техутэ и макъыр щащэри псыпц?эм хэлъэлъэжащ, езыр нэхуу зэщ?эк?ащ. Мис иджы къищ?ащ Техутэ зищ?ысыр – нэху к?апэ зыдз щ?алэ ц?ык?у…

– Умышынэ, нанэ куэдрэ пхуэпсэунущ, – жри?ащ и нит?ым гузавэ щ?эту къаплъэ Техутэ.

Майе зэгупсысым щыщу къигъэ?ур мащ?эт, ауэ Техутэ нэхъ псэлъэгъу ищ?ырт.

Л?ит?рэ нысащ?э зыщыпл?рэ, джэм, к?уатэурэ псыпц?эм щынэблагъэм, таурыхъми хэту ямыгугъа зы нап?эдэхьеигъуэм я нэгу щ?эк?ащ. Нысащ?эхэм къуахъуэпсыхъуэр зэрахьэу, хэт и щ?ыбыр игъазэри зэрик?ийм хуэдэурэ щ?эпхъуэжащ, хэт и нэр иубыдыжри ет?ысэхащи, къигъаплъэмэ, илъагъунум и псэр дыхэк?ыну къыщохъу, л?ит?ыращи, я п?эм ижыхьауэ зыпэмыплъа шынагъуэм к?элъоплъ. Ар псэущхьэ гъумыщ?эт, щхьэшхуэрэ и нит?ым маф?э къыщ?ихыу, и джабэхэм цы к?ыхь зэхэпц?эжа къелэлэхт. Лъыхъуак?уэхэм я гъуэгур зэпиупщ?у, зэм лъакъуит?к?э жэуэ, зэми хьэлъакъуипл? зищ?у нэр темыпы?эу блэжащ. Гупым зыкъамыщ?эж щ?ык?э псэущхьэр псыпц?эм нэсри сабиит?ыр зэщ?иубыдащи, щ?ы джафэм тет хуэдэу, псыпц?э щ?ы?ум щоджэрэз. Къыжьэдэпк?ыным хуэдэу и гур къеуэу къэса Улэ и пащхьэм къихуэу псэущхьэ шынагъуэм сабиит?ыр къидзри, езыр пхырыхуами, уафэм зи?этами къыпхуэмыщ?эу, бзэхыжащ. Майе дежк?э къэхъуам зы гъэщ?эгъуэнагъ гуэри хэлъу къапщ?эртэкъым, зэрихабзэу щыму, и нит?ым къыщ?эщи щымы?эу ц?ыхухэм яхэплъэрт, ауэ Техутэ псэ хэмытыж хуэдэу и фэр зэрыпык?ам къигъэлъагъуэрт шынэм зэрызэщ?и?ул?ар. Л?ит?ым зыкъащ?эжри сабийхэр зырызу къащтащ, хьэщхьэвылъэр (зэрыарам зыми шэч къытрихьэртэкъым) къак?элъыжэ нэхъей, псалъэмакъыншэрэ лъэ псынщ?эу къуажэмк?э къаунэт?ыжащ. Нэхунэ и къуэрылъхум псоми зэхахыу ешхыдэн хуейуэ къилъытэри, щ?эгубжьащ:

– Мырелъ мыбы и дунейр! Сыт иджы сэ уэ уэсщ?энур? Хъыджэбз хьэщ?э ц?ык?ур щ?епшэжьар сыт, пхузэрызудынщ уи лъакъуэр, – жа?э хабзэр жи?ащ.

Щ?алэ ц?ык?ум зригъэгъэпск?ыжщ, щыгъын къабзэ щригъэт?агъэри, ит?анэщ гу щылъитар зэрымыпсалъэм. Тхьэмахуэк?э ц?ут? жи?акъым, пщ?ант?эми дэк?акъым.

?

Дысэрэ Нэхунэрэ я унэхэр зэпэщытщ. Нэхунэ, ар и ?эщ?агъэщи, зэпымыууэ цым йолэжь, и къуэрылъхур еп?, ирегъаджэ. Упщ?э алэрыбгъухэмрэ лэгурыбгъухэмрэ я зэманыр ик?ащ, иджы къащэхур ковёрщ. Зылъэк?ым и ковёрыр хэплъыхьащ, блыныр зэрыщыту иуфэбгъурэ цыпэхэр дыгъэм пэц?ууэ, лъэгурыбгъуми цы к?ыхьыр ?уву тетрэ уи лъакъуэр хэщатэу. Зылъэмык?ри ковёрщ, ауэ и цыр тегъэщхъарэ блыным хуэмыф?у, лъэгум иридзын имыгъуэтыххэу апхуэдэщ.

Щ?ак?уэ зезыхьи щы?эжкъым – цейр щыхыф?адзэжк?э, щ?ак?уэри абы к?элъык?уэнкъэ. Иджы губгъуэм ит ?эщыхъуэхэм, хэти жьыуейпсыуейр к?уэц?рык?ыу жьы хъуа щ?ак?уэр зэрехьэ, щ?э щамыщ?ыжк?э, хэти джэдыгужь къыздрехьэк?. Къэфак?уэ гупхэмрэ къулыкъущ?эхэм къахуеблагъэ хьэщ?э лъап?эхэмрэ я ф?ыгъэщ Нэхунэ и ?эщ?агъэм иджыри щ?эупщ?э зэри?эр: зыхэр сценэм иритынущ, адрейхэм тыгъэ ящ?ынущ. Шууейм щахуищ?ым, щ?ак?уэр ?увт, жьыи псыи к?уэц?рымык?ыу, бгъэувамэ, зэф?эту, ауэ джэгуак?уэ щыгъыныгъуэу арамэ, сыт щхьэк?э ?уву ищ?ын, и щ?ак?уэр псынщ?агъуэщ. Щхьэкъэ?эт имы?эу щылажьэ къыхуохуэ Нэхунэ – къэфак?уэхэр гъунэжщ.

Дыси «мэлажьэ», и пщ?ант?эр ц?ыху к?уап?эщ, антыхэри, шэшэнри, ингушри, асэтынри щопэк?у. Къек?уал?эр зигу ныкъуэхэращи, зыгъэгумэщ?ыр къыхуа?уатэ. Фыз ?эзэм яригъэ?уэтэжыну щогугъ, къэ?эбэу ящхьэщихыну я ф?эщ мэхъу. Дысэ епл?эк?уащ, жьы дыдэ мыхъуами, и фэр к?уэдащ, къытехьэлъапэу хуежьа и ?эзэгъуэм к?э игъуэтами хъунут, ауэ гугъуехьри къыхехыж, и пхъур зыпэрагъэувэнк?э хъуну ?энат?эм щихъумэну хуейщи: и пэшэгъухэми, абыхэм къапыщ?эжахэми хъыджэбз ц?ык?ур хуит къащ?ати, езыр л?эжыху я унафэм щ?этми идэнут. Ипхъу закъуэр ц?ыху хуэдэу ирепсэу, л?ыф? ишащ, бын игъуэтащ. Абы Улэ пкъригъэхьат ?эзэ ?уэху хэмыхьэну, удыгъэу къыдалъхуар зыщигъэгъупщэну.

«Къур?эн еджамэ, арат. И гуащэр еджэфу жа?э. Арщхьэк?э Пагуэ коммунистыжьщ, къыхуидэнукъым. Къэнэжыращи, духьэуэ ищ?эр гук?э жре?э, и щхьэр ирехъумэж, ц?ыху къызэрыгуэк?ыу ирепсэу, и быныр хуиту иреп?ыж…»

Аращ игъащ?эми – гур зэрыгъум дыгъур ирожэ. Хуэхъумакъым и пхъур. Улэ Сэбэр ?уащхьэк?э зэ игъазэмэ, псэуху къызы?эщ?эмык?ыжынухэм зэра?эщ?ыхьэнур, абы кърик?уауэ и унагъуэр зэрызэтекъутэнур Дысэ къыжра?ауэ ищ?эрт. Игъэзащ-т?э. Хъыджэбз ц?ык?ум тегужьеик?ри игъэзащ. Зыхыхьэн хуэмейхэм яхыхьащ, имыщ?эххэу заритащ. Иджы Пагуэрэ Улэрэ я насып зэпц?ам къутэжын щыщ?идзэнум Дысэ поплъэ. Гузэвэгъуэм зэрехуэри, зыгуэрхэр яхузэрехъэ, и пхъум и унагъуэр зэтри?ыгъэну «йолэжь», ауэ а псори зэрыщхьэгъэпц?эжыр ещ?э. Ец?ыхуж абы и пэшэгъухэр – хаубыдык?ар я жы?эда?уэ ящ?, хуащ?ыр и унафэнущ.

Налышык къик?ыну къулыкъущ?эр зыхуейри ещ?э. Ар къыщ?эк?уэм Дысэ и ?эзэгъуэ хэлъщ. Тыншу къехъул?энукъым, ауэ хуищ?энущ. Дысэ а къулыкъущ?эм зыгуэрк?э хуеижынущ. Ари ещ?э, ари и нэгу къыщ?охьэ, зэхех… Сытуи ?уэху зэхуэмыдэ куэдым хэплъэрэ!

Тхьэмахуэ к?уам Арщэбэ къик?ри зэл?зэфыз къыхуэк?уат. Унагъуэр зыщ?эшхыхь я жэм псэфыр к?уэдат. «Къэвгъуэтыжынущ, мэз лъапэм фыщылъыхъуэ,» – яжри?ащ. Дысэ зыхищ?ат а жэмым и бэкхъ зэгъэпэщар езыгъэбгына гузэвэгъуэр. Ищ?эжырт езым ипхъу закъуэр, балигъып?эм иува къудейуэ, и ?эк?э зэрызыщ?ичыжар, унагъуэ ихьэмэ, нэхъ хъума хъуну щыгугъыу… Мыбыи, псэущхьэу арами, анэ гукъеуэ и?эт. Илъэс къэс шк?ащ?э къыщ?охъуэри, псынщ?э дыдэуи к?эщ?ач, зы уасэ хуагъэуври, ящэ. Анэ хъуа жэмыр хуейт и шырым гу щихуэну, и нэ?э тету къигъэжэпхъыну. Иджы, и лъхуэгъуэр къыщысыпэм, и быным хуиту игъусэну, мэз лъапэм зыкъыщинэри шк?эбз ц?ык?ур дунейм къытригъэхьати, и ?ут?ыжт. Зыри къапэрымыуамэ, абы и пхъур ип?ыжынут, игъэсэнут и щхьэр игъэпсэужу. Ауэ… насып здэщымы?эр ц?ыхум я деж и закъуэкъым.

Дысэ зэрыжи?ам хуэдэ дыдэу, жэм зэщ?эсыр мэз лъапэм къыщагъуэтыжащ. Шк?ащ?эр къабзабзэт, гъущэт, и ныбэ изт. Нэрылъагъут ар анэм зэрызэщ?ибзеяр, шэи зэрыхуэмыныкъуар. Анэри, щыпсэфым и?а хьэлъагъыр хэмылъыжу, пкъыф?эрэ псынщ?афэу, и нэ псыфхэмк?э къахуеплъэк?т къык?элъык?уахэм, и быдзхэр зэк?эщ?эп?иерэ и шхуэлыр шэм къызэгуитхъынущ жыуигъэ?эу, пэгун хуэдизу зэ?ышауэ. Псом нэхъ гъэщ?эгъуэнырати, жэмымрэ шк?эмрэ я пащхьэм и джабэр иуэжауэ дыгъужь исщ и дзэр зэрегъэшхри, ауэ къэтэджынуи ?эщхэм ябгъэдыхьэнуи хузэф?эк?ыркъым. Ц?ыхухэр къыщы?ухьэм, ерагъыу зыкъи?этри и щхьэр ?уихыжащ. Мис апхуэдэщ Дысэ и ?эзэк?эр. Иджы къуажэм щагъэхъыбар дыгъужьыр хьэпэщыпхэ зэрищ?ар. Нэхъыбэр есэжащ Дысэ хуэдэхэм я «?эщ?агъэм» – антыхэхэми адрей лъэпкъхэми игъащ?эм къадок?уэк? ар.

Коммунист къулыкъущ?эхэм ?эзэгъуазэти, ?эгуиплъэти, джэшыдзти жыхуа?эхэр лъэхъэнэ к?ыф? къызэранэк?ам къыхэнэжауэ щытын хуейуэщ къызэралъытэри, Дысэ и ?эщ?агъэр ирагъэгъэт?ылъынут, ауэ я фызхэм къыхуагъэдахэркъым. Къэгузавэмэ, дэнэ здэжэнур, хэт зыбгъэдыхьэнур? Коммунистхэми абы я партми яхузэф?эмык?ын хузэф?ок? фыз ?эзэм… Дысэ дыгъужьми, шыми, бзуми ?эзэгъуэ яхуи?эщ. «Псэущхьэхэм хуэдэу си?арэт ц?ыхур, ц?ыхум мыц?ыху яхэтщи, нэхъ гугъущ. Ц?ыхуипщ?ым я епщ?анэр ц?ыхукъым – нэщ?щ е к?ыф?щ. Нэщ?ым зыгъэпсэун гуащ?э, к?ыф?ым зыщ?ишэн нэху хъуреягъым щы?эм я деж къыщалъыхъуэ, зэи загъэнщ?ыркъым, ирикъуыркъым, яхуэчэмыр къалъыхъуэ зэпытщ.

Майе сыту къызэригъэщ?ар? Нэхум, хъуаскуэм, бзийм зыхуеший, ауэ езыр къэц?ыхугъуейщ. Сабий хьэлкъым хэлъыр, и щхьэм илъымрэ и псэм къыщыушымрэ бзыщ?ащ, щ?эхъумащи, Дысэ къыхуэлъагъуркъым.

…Гъатхэпэ мазэм и к?уэц?к?э Сэбэр ?уащхьэм пэгъунэгъу къуажэхэм, пшапэзэхэуэгъуэ щыхъум, я щхьэгъубжэхэр ягъэбыдэри, нэху щыуэ дыгъэр къыщ?эк?ыху ?уахыркъым, я унагъуэм щыщи дунейм къытрагъэхьэркъым. А мазэм зы махуэ хэтщ удхэм я зэхуэсыгъуэу, ауэ ар дэтхэнэ махуэрами сытк?э пщ?эн, аращи мазэ псом захъумэж зэрыжылэу. Удхэми а зэхуэсым хуэмеижхэри яхэтщ, ауэ «ухуей-ухуэмейуэ» абы я ?уэхур щытыжкъым. Мыхэр щ?ым епха удмэ, я унафэщ?хэр уафэм епхащ, я унафэр тк?ийщ. Сытк?и жы?эда?уэ удхэм гулъытэ лей ягъуэт, дэ?эпыкъуэгъухэр кърат, пщ?э зи?э удхэр зэрагъэщ?эращ?э хьэпшып ц?угъэнэхэм щыщ къыхуагъэфащэ, зэхуэсхэм ирик?уэну. Апхуэдэ къалэжьын папщ?э, куэдыр къыдахьэхрэ я псэр шейт?аным ?эщ?рагъалъхьэу, къыхуагъэлъагъуэ ц?ыхум узыфэ ?ей пкърагъэхьэу е фадафэ ящ?у «лэжьэн» хуейщ. Къызэрыгуэк? удмэ, ф?ыц?эрэ ц?ууэ залауэ жыхапхъэм тесу йожьэ, я унафэщ?хэм я нэф? къыщыхуамэ, ажэ къыхуагъак?уэри, мэшэс. Ц?ыхухэм тхьэ ща?уэж, удхэм сабийуэ къа?эрыхьэр ядыгъуу, Сэбэр ?уащхьэкум щагъэув ?энэм гъэжьауэ тралъхьэу. Ящыщи джэду защ?ауэ къот?ысри унэм къыщ?ок?уасэ, къа?эрыхьэм йоп?эстхъ, йоп?эск?у, я лыр уф?ыц?ауэ, зэхэфыщ?ауэ къагъанэри щ?ок?уэсык?ыж, аращи, хуэсакъын хуейщ. Дэтхэнэ къуажэми сабийуэ дэсым зыри хэщ?ыркъым, удхэр зэрылъатэри зыми илъагъуркъым, ауэ ?уащхьэм пэжыжьэ жылэхэри щощтэ а нэрымылъагъу къэхъум.

«А си Улэ дахэ, Сэбэр ?уащхьэм сыту ?ейуэ ук?уат, сынолъэ?ути зыпхъумэжыну. Быным и ?уэхур сыту гуащ?э, уи щхьэм уемыгупсысыжу уи хъыджэбз ц?ык?ум дежк?э зыбдзат. Тыншу упсэуну арат сызыхуеяр, сызэрыпхуэхъуапсэр. Пэшэгъухэм уи п?эк?и си щхьэр япэщ?эслъхьауэ т?ум ди хьэлъэри сэ сагъэпшын, си тхыр гъэшауэ, си щ?ыфэр удыным игъэуф?ыц?ауэ, фейцейуэ си гъащ?эр сагъэхь. А псор щ?эсшэчыр уэ уи щхьэрэ уи псэрэ ухуиту слъагъун щхьэк?эти, иджы, мис, уахыхьащ. Сэ иджыри къару гуэр схэлъыху, сыбдэ?эпыкъунущ, ауэ ит?анэ-щэ?..»

Дысэ и лъапсэр фаджэлыджэ хъуащ: пщ?ант?эр ежьужьым зэщ?ищтэжащ, хадэм хисэшхуэ щы?экъым, хисэ т?эк?ури шыудзым етхьэлэж. Улэ къэк?уэжамэ, дэнэк?и зедз, псори игъэтэмэмынут, ауэ и к?уэжыгъуэр псынщ?эу къос, Пагуэ шыгур къегъак?уэри ирегъэшэж, е колхоз УАЗикыр къы?ихыфмэ, нэхъ псынщ?эххэу къык?элъегъэс.

Т?ЫАУЗ

?

– Мы сабийр абы умышэ, – Улэ щэхуу Пагуэ йолъэ?у.

– Ар абы ишэнущ, – жи езы Майе.

– Уэ зыри къоупщ?акъым, – хъыджэбз ц?ык?ум и псэлъэк?эр зэрызэтемыувэм анэр нэхъри егъэнэщхъей. Майе ф?эф?щ адэм зыщ?ып?э ишэну мурад зэрищ?ар,

дэнэми едэ, ишэ закъуэмэ.

– Мыр хуапэ, – жи Пагуэ.

– Мыр хуапэ, – жа?ар же?эж Майи, анэм зыхуигъэзауэ.

– Хэт «мырыр»? Сыт «мыр» жыхуэп?эр?! – Улэ къыщетхъ, хуэмейуэ и сабийр зэрырашажьэри а сабийм и псэлъэк?эр зэрымыхъури хузэхыхьэжауэ. Ауэ хъыджэбз ц?ык?ум езым деж мыхъумыщ?агъэ лъэпкъ щилъагъужыркъым, жи?эми дагъуэ и?эу къыгуры?уэркъым.

– Мыр хуапэ бжес?а?! – и макъым зрегъэ?эт Пагуэ.

– Мыр хуапэ бжес?а? – щэху ц?ык?уу же?эж Майе. Улэ зыри и гум темыхуэжу щ?ок?. Пагуэ сабий щыгъын къабзэ зэтелъыр къищтэри гъуэлъып?эм кърик?утащ:

– Майе, «сыхуапэ» жы?э, «сы-хуа-пэ». Уи анэр умыгъэбамп?эу, тэмэму псалъэ. И?э, узыхуейр къыхэх мыбыхэми зыхуапэ.

Майе и адэм йоплъри щэху ц?ык?уу же?э:

– Зыхуапэ…

Самэу зэтелъ щыгъынхэм зыгуэрхэр къыхех, хуэмурэ щет?агъэ, ауэ щ?ы?унэхэм щынэсым, хуэпхэркъыми, гъынанэу щ?едзэ. Л?ыр щ?ок?ри фызыр тригъэужыну похьэ:

– Зыри къэхъунукъым здэсшэмэ, махуит?-щы дыщы?энщи дыкъехыжынщ. Ди анэри къесшэхыжынущ.

Уедауэк?э Пагуэ зыри къызэрыпумыхынур Улэ къыгуро?уэ. Майе зэпеплъыхьри, и макъыр зэтриубыдэжауэ:

– Хъунукъым абы щит?эгъахэр, хузэсхъуэк?ыжынщ, – жи.

Майе щ?эрыщ?эу ихуапэри, зрикъузыл?ауэ т?эк?урэ и?ыгъащ. Хъыджэбз ц?ык?ум и ?эблит?ыр гуэлъщ, ?эпл?э сыт хэмыту, и нит?ым гуф?и нэщхъеягъуи къыщ?ихыркъым. Щ?эк?ыну хуейщи, т?эк?у къытре?этык?, армыхъумэ и анэм зык?и къегуэпэк?ыркъым.

Щыгъын лей хузэрылъхьэн хуейщ, унэм зэрыщ?этын вакъэ щаби щ?ыгъуу. Бжэщхьэ?ум чы матэ тетщ, шхын гуэрхэр изу илъщ, и щхьэр щхьэщыпхык?ыжащ, зы хъуржынышхуи бгъурытщ. Улэ унэм илъ шхыныпхъэм щысхьакъым, и пщыкъуэмрэ и гуащэмрэ я деж ирегъашэ. Тхьэм ещ?э адрейми ?ыхьэ хухахынуми – Татианэщ зэгупсысыр. Сыт ищ?эн Улэ, абы ип?ри Пагуэ и бынщ.

Куэбжэпэм «Волгэ» хужь къы?улъэдащ. Рулым дэсыр къик?ри чы матэри хъуржынышхуэри багажникым иригъэзэгъащ. Майе и щыгъынхэр зэрылъыр, зэрыджэгу гуащэр абы щхьэщысыжу, езым къыбгъурылъу ф?эк?а идакъым. И анэм ?эпл?э, ба къыхуищ?ащи, езым и напэр елъэщ?ыж. Анэр и гъусэу зэримыт?ысхьэри къыф?э?уэхукъым, зыщ?ып?э к?уэмэ, аращ зыхуейр.

Адэр шофёрым бгъурысу, л?ит?ым я щ?ыбагъым Майе къыдэсу йожьэхэр. Анэр гъуэгу сабэр къэзыгъэхъея маршынэм к?элъоплъ. Дапхуэдизу гугъу демыхьми, хъыджэбз ц?ык?ум и зыужьык?эм зыри хухэлъхьэркъым. Щ?охъуэпс сабий псоми яхэгъуащэ ищ?ыну. Гъунэгъу хъыджэбз ц?ык?ухэр къыхуишэрти, унэрами пщ?ант?эрами, зыхуейм щигъэджэгурт, и пхъум и гуащэхэри хуит яхуищ?ат. Майе абы щыгъуэми джэгуэгъуу къыхуашахэм т?эк?у яхэплъэрт, яхэтти, гунэс зэрыщымыхъуар нэрылъагъуу къахэк?ыжырт. А здишэм дауэ ар зэрыщы?эфынур?

– Тыншу ущыс, гуащэ ц?ык?у? – л?ы мыц?ыхур сабийм хуоплъэк?, мор еплъыркъым, жэуапи иритыркъым.

– Хэт деж дыздэк?уэр, Майе? – Пагуэ и пхъум йоупщ?, зыгуэр жригъы?эу зэрымыбзагуэр л?ы хамэм иригъэлъагъун щхьэк?э.

Адэри жэуапыншэ мэхъу, ауэ Майе здэк?уэр ещ?э: Т?ыаузым.

– Нанэ деж док?уэ, аракъэ, Майе? Нанэ уигу къэк?а? – Пагуэ ф?эф?къым и быным дыгуэмыжьафэ къытеуэнк?э зэрыхъунур, аращи, зыф?имыгъэ?уэху хуэдэурэ сабийр псалъэмакъым хишэну йол?ал?э.

– И, нэху ц?ык?у, нанэ къэтшэжын? Уигу къэк?ащ, аракъэ?

Майе и гур унэ ц?ык?у хуэдэущ зэрызыхищ?эр, зэрилъагъур. Балигъит?ыр зыгуэрк?э къеупщ?ыху, а унэ ц?ык?ум зыщеплъыхьри, къэк?аи, къик?ык?аи щилъагъукъым, аращи езыри щыму къонэ, къеупщ?хэри жэуапыншэ мэхъу. Зыщ абы и гу-унэм щилъагъур: нанэ къоплъэ, къожьэри дурэш ц?ык?ум дэсщ.

– И гум исщ нанэ, – хъыджэбз ц?ык?ум и макъыр щэхуми, «нанэ» зэрыжи?ар адэм зэхехри, къэгуф?эжауэ, зоплъэк?. Зыкъегъэзэжри къыбгъурыс л?ым йоупщ?:

– Зэхэпха си пхъум жи?ар?!

Л?ым и щхьэр егъэк?эрахъуэ, зэхэсхакъым жыхуи?эу.

– Нанэ сигу къэк?ащ, жи! – къэхъуар бэлыхьу узыщыгуф?ык?ыну зэрыщымытыр къызыгуры?уэ Пагуэ и макъыр къызэрыгуэк? ищ?ыну яужь итщ, ауэ зэрыгуф?эр хуэбзыщ?ыркъым.

Майе маршынэ щхьэгъубжэм доплъ, лъэныкъуит?ымк?и к?апсэлъэрышэу зэк?элъыщыт унэхэмк?э ещ?ыха уэрамым ироплъэ. Зэм куэбжэм къыдэувык?ауэ зызыплъыхь балигъхэр елъагъу, тет?ысхьэп?эхэм тес дадэ-нанэхэм яхуоплъэк?, джэгум дихьэха сабий гуп ц?ык?ухэри къыщилъагъу къыхохуэ. Зыдэж къуажэхэр бгы абрагъуэхэмк?э къегъэбыдэк?ащи, хъыджэбз ц?ык?ум зыхещ?э ахэр узыщыгугъ хъун быдап?эу зэрыщытыр, я дзыхь ирагъэзу и лъапэм к?эщ?эт?ысхьа ц?ыхухэр зэрахъумэр. Зыхещ?э, ауэ хужы?энукъым, жи?энуи ел?ал?эркъым. Майе и щхьэм допсэуж, зэк?э нэгъуэщ? къилъыхъуэркъым. Ауэрэ къуажэхэр къаухри бгырэ ?уащхьэрэ ф?эк?а имылъагъуж мэхъу. К?уэмжэм, к?уэм-жэурэ, гъэщ?эгъуэну зызыхъуэж дунейм хохьэ. Зэм и нэхэр толыдэ хъуп?э хуитхэм, зэм мэз щхъуант?эм псэ зы?ут куэд зэрыщыпэк?ур зыхещ?э, нэхъыбэрэ зэплъыр бгыхэм дыжьыныфэ бгырыпх къраупц?эха хуэдэ, тепсыпсык?ыу къежэх псыхэращ. Псэ яхэтщ абыхэм, хъыджэбз ц?ык?ум ар ф?ыуэ ещ?э. Ит?ани а псы къежэххэр зэхэлъэдэжу къэхъуа псыхъуэшхуэм езым и псэ ц?ык?ур т?эк?у пэ?эщ?э ищ?мэ, нэхъ къещтэ, егъэшынэ абы щызэхыхьэжа къару лъэщым. Бгыщхьэ уэсхэри къощ?ы?эк?, нэхъ къищтэр удзылъэ щхъуант?агъэхэращ. Апхуэдэу, нэм илъагъум елъытауэ зыхищ?эхэм захъуэжурэ, ар сабийм къытехьэлъащ. И гуащ?э мащ?эр пэмылъэщыж щыхъум, гури псэри зыхъумэ жейм хилъэсащ. Ар нэгъуэщ? дунейщ, езым и хабзэ и?эжу. А дунейм Майе къыщелъэтыхь, мис, аузым щхьэщолъэтык?, зэм «Волгэ» хужьыр зрижэ гъуэгум къыщхьэщохьэ, къуршхэмк?э егъазэ…

– Майе, дыкъэсащ! – жи адэм.

Т?ыауз къалэ ц?ык?ум Майе и щыпэкъак?уэщ. Дэни хуэдэу, мыбыи дыгъэ къыщопс, жьы къыщопщэ, сабафэ щхьэк?э, сабэншэщ. Мыбы дэт унэхэм хэлъ щхьэгъубжэ зэпэпл?имэхэм я щхьэм нэгъуэщ? къытетщ, абы ищхьэжым иджыри къытетщ, псори зэхуэдизыбзэщ. А унэхэр зи инагъ ущ?ыхьэмэ, ущ?эгъуэщэнукъэ? Ящыщ зым щ?охьэ зэадэзэпхъур. Дэк?уеип?э къэгъэш-нэгъэшымк?э док?уей, ещанэ къатым носри зэхуэплъэу хэлъ бжэ зэщхьит?ым язым бгъэдохьэ. Майе шхынымэ къыщ?ехьэ: зыгуэрым к?эрт?оф егъажьэ, бжьын куэду хэгъэлыбжьауэ. Псыунэм? и щ?этщ. Майе и гур къок?уэ, и щхьэр мэуназэ, и лъакъуэр щ?ощ?эри къомэх.

?эгу пхъашэ и щхьэфэм къыдалъэмрэ макъ щабэ къепсалъэмрэ зыкърагъэщ?эж. Т?ури ф?эф?щ, и псэм ?эпех, и гум дохьэ – и нанэращ зейр. И нэр къызэтримыхыу и нап?эм къызэпхроплъри, нэху защ?эу зэщ?эблэу елъагъу и анэшхуэр. Нанэ и нэхум хэджагуэу щылъыфынут ?эджэрэ, ауэ абы уфафэу зы ныбжьышхуэ къыщхьэщытщ – ар и адэм ейщ.

– Мы сабийр шхауэ къепшэжьа? – гузавэм игъэк?эзызыхь макък?э щ?оупщ?э нанэ.

– Сэ сщ?эрэ? – жи и адэм, и пц?ыр пэжыфэу игъэ?уну егугъуурэ. Улэрэ езымрэ зэдэуэху маршынэр къэсри, сабийр мышхауэ кърагъэт?ысхьат. Пэжыр жи?эмэ, анэр шхыдэнущ, Пагуэ абы хуейкъым.

Майе къызэф?от?ысхьэ. Нанэ и нэхур иджыри зэщ?облэ, адэм и ныбжьыр мэк?уэдыжри и теплъэр къонэ.

Пэш ц?ык?ум щ?этыр мащ?эщ: сырэ, ?энэ, шэнтит?, гъуэлъып?э бгъузэ. Ущызэк?эщ?эплъу къабзэщ. Блыным ф?элъ гъуджэ хъурейм тредзэ щхьэгъубжэм къыдидз пщыхьэщхьэ дыгъэ нэбзийхэр, абдежым зыкъыщагъэшыжри, езы гъуджэр мыгъуджэу, щхьэгъубжэ хъурейрэ дыгъэр абык?э къыщ?эпсэу ф?эк?а умыщ?эну, пэшым зыщызэбгрепхъ. Майе нэбгъузк?э къеубыд а дыгъэ нэбзий щабэм и гуащ?э к?уэщ?ым щыщ. Езым ейр к?уэщ?ыпащи, мор зыщ?ешэ… Бжэр къы?уехри бжэщхьэ?ум л?ы лъагэшхуэ къобакъуэ.

– О-оо, хьэщ?э ди?и!

– Уи къуэшыр хьэщ?эмэ, къик?ащ, бгъэхьэщ?энщ, – жи анэм.

– Мы п?экум ис къупщхьэ гуащэри хэт? – л?ы сырыхур Майе хуогуф?э. Майе нэбгъузк?э дыгъэ бзий къеубыдри щысщ, хъуреягъым щек?уэк?ыр зык?и къыф?эмы?уэхуу.

– Жеящ, къэуша къудейщи аращ, – же?э нанэ, сабийр и адэ къуэшым зэремыплъыр гуажэ щимыщ?ыну. ?эдэм и ?э ф?ыц?ит?ыр итхьэщ?ыну щ?ок?ри, к?эрык?а?ауи къыпхуэмыщ?эу къегъэзэж. Езым хуэдэ лэжьап?э къик?ыжахэри зытхьэщ?ып?эм къэк?уат, я ?эр ягъэкъабзэу ?энэм пэрыт?ысхьэну п?ащ?эхэу. Псоми пэш зырыз я?эу щ?эсщ, ауэ зытхьэщ?ып?эри, зыгъэпск?ып?эри, пщэф?ап?эри, псыунэри зэдайщ. Мы унэм щ?эсхэм псоми я лэжьап?эр зыщ, зи дэк?ыгъуэхэр зэгъусэу щ?ок?, зэк?элъхьэужьу къок?уэл?эж, аращи, загъэпск?ын, я ?эр патхьэщ?ык?ын щхьэк?э зыр зым йожьэж.

– Ухуеймэ, сабыныр бухыху щыхуэ, мыр к?эрык?ынукъым, – жи, и ?эм хия ?эпап?э ф?ыц?эхэм Майе зэреплъым гу лъитауэ. Хияри зыгуэрщ, ауэ хъыджэбз ц?ык?ур зэплъыр ?эдэм и ?эбжьанэхэращ. Ахэр хъуреишхуэщ, иушкумбащи, шейщ?эт ц?ык?у хуэдэщ. Майе зыхещ?э ?эдэм и гъащ?эр зэрыхьэлъэр. Езыр нэшхуэгушхуэну яужь итщ, ауэ и пл?эм нэрымылъагъу хьэлъэ илъщ. Ар адрейхэм ямылъагъуми, Майе елъагъу. ?эдэм и лэжьап?эр къиц?ыхуну хуейщ. Къехъул?эну п?эрэ?

?эдэм дуней хуитым зэрытетым нэхърэ нэхъыбэрэ щ?ы щ?агъым щ?этщ. Щыгъын къабзэ щыгъыу унэм щ?ок?, къуршым драшей, гъуанэм йохьэри, япэ зыхуэзэр зыхуэпап?эращи, щ?охьэ. Блыным хэук?а ф?эдзап?эхэм ф?элъщ ?эпкълъэпкъыр зэрыщыту щ?эзыхъумэ зэпыт, щэк? пхъашэм къыхэщ?ык?арэ щыпт?эгъэныр гугъу ищ?у тк?ийуэ. Хьэршым зэрылъатэ скафандрым ещхьщ. Мо куэдым ямыц?ыху щыгъыныгъуэр ек?уэк?ыу зыф?элъ пэшым щ?ыхьэху, ?эдэм къыщохъу зы къэгупсыса дуней гуэрым къыщыхутэу. Адрейхэми хуэдэу, ерагък?э и «скафандрым» йопщхьэри, къык?элъык?уэ пэшым щ?охьэ. Мыбдежым уэздыгъэ зыхэт гъущ? пы?эр къыщрат, ц?ыху къэс езым ейуэ бжыгъэ зытет жэз хъурей ц?ык?у и гъусэу. И лэжьэгъухэм яхэту адэк?э зэпрык?ып?э к?ыхьу пхырыхам ирок?уэри, шахтэм езышэхыну лифт щхьэ ?ухам йот?ысхьэ. Лифтыр зыгъэлажьэм шахтёрхэм я жэз хъурей ц?ык?ур я?ех. Ещхьыркъабзэу, къагъэзэжмэ яритыжынущи, ?упщ? хъунущ псори шахтэм къик?ыжарэ зыгуэр къинарэ. Лифтыр йожьэ. Ар апхуэдизу псынщ?эу зок?уэри, я дамэр зэгъэкъуауэ зэхэт ц?ыхухъу гупым я хьэлъагъым ф?ыуэ хэщ?у къащохъу. Пы?эхэм хэщ?ыхьа уэздыгъэм я закъуэщ нэху къэзыдзыр. Тхьэк?умэхэр зыгуэрым къы?уикудэ хуэдэу мэхъу. Лифтыр шахтэм носри къоувы?э, гъущ? т?ысып?эхэр зи?э маф?эгу ц?ык?у щытщи, псори йот?ысхьэ, маф?эгу ц?ык?ур щ?опхъуэ, дэгъэзеигъуэми егъэзыхыгъуэми къыпхуэмыщ?эу к?уэц?рык? зэпрык?ып?э пхырыхам и к?ыхьагък?э ирик?уэ гъущ? гъуэгум тету. Дакъикъэ зыхыблк?э к?уауэ, къоувы?эри псори къок?. Зи лэжьэгъуэр зыухахэр къэк?уахэр къызэрык?а маф?эгу ц?ык?ум йот?ысхьэ, ф?эхъус зэрах, псалъит?-щы зэпадзыж. Къэк?уахэр иджыри лъэсу зыкъомрэ пхрык?ын хуейщ, лэжьыгъэ къащыпэплъэм нэсын папщ?э. Гупым яхэту ?эдэми пхрок?, и лэжьап?эм нос, пц?ий, вольфрам, молибден хъугъуэф?ыгъуэхэр къызыхах мывэр нэхъыбэу къызэрыгуиудыным хущ?окъу. Лагъым щ?алъхьэу къыщыгуауди щы?эщ, ауэ ?эпщэуэн лэжьыгъэр ирокъури къолыж. Гугъу зрамыгъэхьу хъунукъым. Зы дэк?ыгъуэу лэжьыгъэм пэрыхьэм къыхуагъэувам хуэдизыр къимылэжьмэ, абыхэм ягъэчэмар зэзыхъуэк?ыну гупым нагъэсыжын хуей хъунущ. Ар ц?ыхугъэкъым, напэкъым, аращи, лъэк? къамыгъанэу мэлажьэ. ?эдэм и ?эхэм дыркъуэ къытохуэ, и ?эпэхэр пеущэбык?ыж, ?эбжьанэхэр еуп?эщ?. И тхьэмбылыращ нэхъ гугъу ехьыр – щ?ы щ?агъым махуэ псок?э щыбэуэн хуей мэхъу.

«Мыр хъунукъым, си къуэш, ауэрэ узыншагъэ жыхуа?э уимы?эжу укъэнэнущ. Сэри сыщ?этащ а шахтэм, сощ?э зищ?ысыр. Еджап?э узгъэк?уэнущ, инженеру еджи, къэбгъэзэжынщи шахтэм уемыхыу, дуней хуитым утету улэжьэнщ», – Пагуэ и къуэшым зыщ?игъэкъуэну хуейщ, ауэ модрейм къыжра?эр зэхимых хуэдэщ. Илъэс щэщ?ым хэт еджак?уэ к?уэр? Анэр и бынит?ым къахоплъэ, и къуэрылъхум хуоплъэк?ыжри хощэтык?.

«Пэжкъэ сэ жыс?эр, дянэ? Мыр еджэн хуейщ! Куэдрэ хурикъун и гугъэ а зыпэщ?эт лэжьыгъэ хьэлъэм?» – Пагуэ жи?эр къыда?ыгъыну хуейщ, ауэ нанэ щымщ.

Похожие книги


grade 3,9
group 90

grade 3,6
group 20

grade 4,3
group 9460

grade 4,5
group 4900

grade 4,5
group 3670

grade 4,4
group 3450

Все книги на сайте предоставены для ознакомления и защищены авторским правом