Зарина Саадуловна Канукова "Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс"

Зарина Канукова – кабардинский поэт, драматург, автор восьми книг стихов. Роман «Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» – первое прозаическое произведение автора. Написанный в жанре магического реализма, роман синтезирует традиции адыгской (кабардинской) литературы и художественные приемы современной прозы. В сюжете переплетаются важные исторические события ХХ века, судьбы простых героев и явления, сопровождающие адыгов из поколения в поколение, как, например, присутствие «снежного человека» и наличие «мест силы» в горах.Сюжет разворачивается на историях двух семей, где в отношениях доминируют любовь и самопожертвование.

date_range Год издания :

foundation Издательство :Автор

person Автор :

workspaces ISBN :

child_care Возрастное ограничение : 16

update Дата обновления : 18.05.2024


– Хьэуэ, сэ сешащ, сык?уэжынущ.

– Сэри ди деж къызэшхыдэнущи, сымык?уэжу хъунукъым.

Нуци гурылъ ищ?ам пик?уэтыж и хьэлтэкъыми, ежьащ:

– К?уэжынур фык?уэж, нэк?уэнур фынак?уэ!

Я хьэжыгъэ пэгунит?ымрэ джэдык?э хъушэмрэ Жануэс и пщэф?ап?эм къыщ?анэри, Сырыхур я пашэу гупым къэнэжар ежьащ, нобэрей махуэм мыхьыр зыхь хьэнцэгуащэр къащтэри.

Майе Нуцэ и нит?ым къыщ?их нэхугъэм зы?эпешэ, дэни к?уэнущ и ужьым иту. Сабийхэр шхэху ядэуэршэра Жануэс къыгуры?уат хъыджэбз сырыху ц?ык?ур зейр. «Нэсрэн мыгъуэр нэмыцэм езыгъэубыда бзэгуцэм и щылъхур си унэ щызгъэшхащ… Сытми къысхуиухьт… Арщхьэк?э сабийм сыт и лажьэ? Зэрыбзаджэ ц?ык?у плъагъуркъэ: джэдык?эхэр ибжащ, гупыр к?эк?э зэрехьэ, тхьэ…»

Майе сабийхэм як?элъыдэк?ыну хэтщ. «Тхьэ, узмыгъэк?уэну-т?э, алейк?и укъызэмыплъ. Жэщ ныкъуэм уи анэм укъилъыхъуэу зэрыдэтар уф?эмащ?э?!»

Майе зыри жимы?эу к?уэри Нуцэ и къуагъым къуэувати, Жануэс зыхуэшы?эжакъым:

– Абы къык?эрык?! Уэ ар ныбжьэгъу пхуэхъунукъым!

…Сырыху и гупыр нишэсащ Къудан хьэблэм. Унагъуэм щ?эсри хьэблэм дэсри пщ?ант?эм щызэхэтт. Сабийм я дыхьэгъуэмрэ я нанэ и къыщ?эк?ыгъуэмрэ зэтехуащ. Абы щхьэнтэ к?ыхьым теубгъуауэ напэ?элъэщ? гъуабжафэ къыщ?ихащ и ?ит? шиям телъу. Пщ?ант?экум ит шэнтщхьэгуэм тепщэчыхуэ тетт псы иту – ар дыгъуэпшыхь ягъэуват, жэщ псом щыту уафэм къех гуащ?эр зыщ?ишэн папщ?э. Нанэр абы бгъэдыхьэри, и ?э лъэныкъуэр псым хищ?эм, къыпытк?у тк?уэпсхэр щхьэнтэм триутхэурэ тхьэ елъэ?уу щ?идзащ:

– Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, Сосрыкъуэ къэзыгъэщ?а, Сосрыкъуэ зэзышэл?эжа, уэшх щхьэк?э дынолъэ?у! Уэшхым хуол?э щ?ыр, къэк?ыгъэр, псэущхьэр, псыежэх игъущык?хэр, лъэк?э къэзык?ухьхэри дамэк?э къэзылъэтыхьхэри. Уафэр пшагъуэм къегъэуфэбгъу, ар уэшхыу щ?ым къытхуегъэхыж. Тщхьэщремык?, тремык?ыж, уэшхыу кърешхи псэ зы?утми зы?умытми егъэ?уэтэж!

Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, Сосрыкъуэ къэзыгъэщ?а, Сосрыкъуэ зэзышэл?эжа, уэгъум дыщыхъумэ, гъейм дыкъегъэл!

Нанэр лъэ?уэху, пщ?ант?эм дэтхэм я ?ит?ыр уафэмк?э яшийрт, я ?эгухэр ущ?ауэ. Абыхэм як?элъыплъ сабийхэри, дырийпсырий хьэл яхэлъу умыщ?эжыну, зэи ямы?а зыхэщ?эныгъэ гуэрым зэщ?иубыдауэ, мыхъейуэ зэхэтт, хьэнцэгуащэр зы?ыгъит?ыр я пашэу. Сабийхэм гу къалъитэри, нанэм и тхьэлъэ?ум ахэри хибжащ:

– Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, дыгъэм десыж, гузэвэгъуэм кърихужьауэ сабийхэм хьэнцэгуащэ кърашэк?. Гущ?эгъу къытхуэщ?, уэшх къыдэт, дыгъэ?уэтэж, Сосрыкъуэ и псэр къытхуогузавэри, гъэпсэхуж!

Напэ?элъэщ?ыр куэдрэ пхъуантэм къыдамых хьэпшып лъап?эти, ар къыщыхъу махуэри нэхъ лъап?э хъурт. Иджы хуэдэу к?ыхьл?ыхьу уэшх къыщемышхам деж, ц?ыхур мы унагъуэм къелъэ?уу щ?адзэт, Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ыр къыщ?рагъэхыу уэшх щхьэк?э тхьэ ирагъэлъэ?уну. ?уэхур уэгъум хуэк?уэну къыгуры?уа нэужьт ар унагъуэм ис ц?ыхубз нэхъыжьым щигъэзащ?эр. Абы лъэ?ук?э Тхьэм зызэрыхуигъазэм нэмыщ?, езыми и ?эпкълъэпкък?э зыхищ?эн хуейт уэшх къытешхэурэ псыф хъуауэ, къыпыжыр щ?ым телъэдэжу. Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ымк?э Тхьэ щелъэ?уак?э, зыми шэч къытрихьэртэкъым мынобэми, пщэдей уэшх къызэрешхынум. Зэтэкъым ар зэрагъэунэхуар. Хьэмэрэ Сосрыкъуэ и ц?эр къра?уэмэ, тэджу лъэпкъым я?э хабзэр ягъэзэщ?эн зымыда нысэхэм къащыщ?ар-щэ? А хабзэм пэув куэд лъэпкъым кърашэ нысэхэм къахэк?тэкъым, ауэ къахэк?а закъуэт?акъуэми хэт и бзэр иубыдащ, хэт къеузри имыщ?эу сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Языхэзми зы дохутыр къе?эзэфакъым, къеузыр къызыхэк?ар къахуэщ?эртэкъыми. Нэхъыжьхэм ягъэ?ущурэ, зэрыкъуэншар жа?эу гущ?эгъу къахуищ?ыну Тхьэм елъэ?уа нэужьщ узыншэ щыхъужар. Ар зи нэгу щ?эк?ахэм я ф?эщ мэхъу напэ?элъэщ? гъуабжэм и къарур.

Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ыр и?ыгъыу нанэр унэм щ?ыхьэжащ и лъэ?уэныр имыухыурэ. Хьэнцэгуащэ къезышэк? гупри гулъытэ хуагъэныкъуакъым. Ц?ыхубз нэхъ щ?алэхэм тхьэ зэрелъэ?уа псыр сабийхэм къытрак?эжащ, жыжьэ къик?ахэщ жа?эри, джэдык?эмрэ хьэжыгъэмрэ ?эф?ык?и къыхущ?агъуащ. Къуданхэ я деж къыщыхахар ерагъыу къахуэхьынурати, пэгун хьэлъэхэр зэ?эпахыурэ, я псэр пыхуу я хьэблэм дыхьэжахэщ. Тэрухэ къагъэнари къащтэжу, я анэхэр ягъэпщэф?эн, хьэблэр зэхуэсу тхьэлъэ?у ?уащхьэм деж щашхыжын хуейт, ауэ Сырыху ищ?а унафэр нэгъуэщ?щ: къыхахар зэу?у зэращ?ыжын къаруи зэрашхыжын гукъыдэжи ныщхьэбэрей ?уэхук?э яхурикъунукъым, пщэдей трагъазэрэ къащтэжмэ нэхъыф?щ, загъэпсэхужауэ. Пц?ы хэмылъу езэшахэти, зэхуэарэзыуэ зэбгрык?ыжащ.

Пшапэ зэхэуэгъуэу Майе щ?ыхьащ сабий гупым къыхахар зыщ?эт пщэф?ап?эм. Джэдык?эр зырызурэ матэм кърехри, ят?э лъэгум егъэт?ылъ, пэгунит?ым илъ хьэжыгъэр кърек?утри, самэ-самэу утыкум ирегуашэ. Мэт?ысри и нэр джэдык?эхэм треубыдэ, мыуп?эрап?эу йоплъ. Ахэм я фэм зехъуэж. Зыр къочэри бзу шыр къопщ, ет?уанэми къопщ, ещанэми… Жьынду шырищэрэ щырэ. Майе а зэреплъщ, и нэр уп?эрап?эркъым. Шырхэм я цы фэндыр толъэлъри цы ?ув къаток?э, я дамэхэр мэж, я лъэбжьанэхэр, папц?эрэ къэгъэшыжауэ, быдэ мэхъу, я нэ п?ащэхэр яп?ыт?, т?ысып?эр яхуримыкъуу зэрызокъуэ. Хэт гъуабжэщ, хэт ф?ыц?афэщ, хэт дамэхущ, хэт бгъэхущ. Къэмэжэл?ахэщ. Джэдык?эм къызэрипщрэ зыри я джийм ехакъым. Майе и нэр хьэжыгъэ самэхэм треубыдэ. Хъыджэбз ц?ык?ур ешащ, и гуащ?эр щ?ок?, ауэ апхуэдиз жьындур къыщигъэхъуак?э, иджы игъэшхэн хуейщ. Хьэжыгъэ самэхэр къызэщ?обатэ, къызэщ?охъае, зы самэм дзыгъуэ ц?ык?ум и пэр къыхегъэж. Ар зы жьындум епхъуатэри, щхьэгъубжэ ?ухамк?э щ?олъэт – тыр-тыр-тыр. Хьэжыгъэм иджыри зы дзыгъуэ ц?ык?у къыхок?, ари жьынду дамэху ц?ык?ум епхъуатэри тыр-тыр-тыр – к?ыф?ым хобзахэ. Зи ?ыхьэ къызылъысыр щ?элъэтурэ, зы жьынду хужь ц?ык?у къонэ. Мыр зыми емыщхьу хужь зэфэзэщщ, дзыгъуи къылъысакъым. Жьынду хужь ц?ык?ур къещтэри Майе и ?эпл?эм ирегъэт?ысхьэ, бзуми, зыпэплъэр ара хуэдэ, зыкърегъэзагъэ. Зэгъусэу адрейхэм я гъуэгу дыдэм тету щхьэгъубжэм долъэт, ауэ мыхэр жыжьэ к?уэркъым – унэшхуэм и пк?эунэм къыщохутэ.

?

Улэ джэдкъазыр игъэт?ысыжри, ?энэм пщыхьэщхьэшхэ къытригъэуващ, Жануэс еджащ, Майе къилъыхъуэурэ пщэф?ап?э ц?ык?ум къэсащ. Майе мыбыи щ?эстэкъым, щек?уэк?ыр узыгъэщтэнщ: хьэжыгъэр зэбгрыпхъарэ дзыгъуэ вейр хэзу, джэдык?афэр зэбгрыдзарэ джэдык?эпс къудей имытыжу. Улэ и гур йок?эзызыхь: «А си анэ, уэ сэ сыпхъумэну ухуеящ, ауэ си дежи къыщыувы?эркъым мы ?уэхур».

Дунейм, дэнэ щы?эну Майе? Куэбжэр гъэбыдащ – дэк?акъым. Хадэм сыт щищ?эн мы к?ыф?ым? Унэм и щ?ыбагъ пэш щ?ы?эм щ?эсыну? Хьэуэ, хьэуэ… Зэанэзэпхъум пэплъэурэ еша Жануэс ?энэм къыпэрык?ыжащ. Къелъагъу сабий имыгъуэтыжым игъэгужьея Улэр. Ар зыщылъыхъуа дыдэхэм иджы езыми зыщеплъыхь. Хадэм к?уэнуи и ф?эщ хъуртэкъым, ауэ гузавэ хуэплъэу плъэну щихьэм, дыхьэшх макъ къызэхех. Ар дэнэ? Ар дауэ? Майе и макъым ещхьщ, унащхьэмк?э къо?ук?. Пк?эунэм к?ыф?ым ису ара? Дауэ дэк?уеифа, сытым щхьэк?и дэк?уея?

Улэ уэздыгъэнэфыр и?ыгъыу пк?эунэм док?уей – хъыджэбз ц?ык?ур тесщ, «к?урк?урк?у» жи?эу дыхьэшхыу к?ыф?ым хэсщ. Абы къыщхьэщыс жьынду хужьыр илъэгъуакъым гузавэр зытек?уа Улэ, и пхъур къришэхыжащ.

Ет?уанэ махуэм Сырыхум и гупым щыщ щ?алэ ц?ык?уищ къак?уэри, джэдык?эмрэ хьэжыгъэмрэ яхьыжащ. Улэ хьэблэм дыхьэри джэдык?э къыхихат, хьэжыгъэр, хъарзынэу, езым я?эти, пэгунит?ым из ищ?ыжащ. Майе къыхураша жьынду быным къуажэр зэщ?ащтащ, зы хьэблэ къамыгъанэу зыдагуэшащ. Иджы, пщыхьэщхьэ хъуамэ, пк?эунэ къэс жьынду къыщыджэрт. Жэщым дзыгъуэ ещэрт, жумэрэн ирихьэл?эми, заусыгъуэджэнутэкъым, зы макъ имыщ?у нап?эзып?эм теуэрти къаубыдырт. Я пкъыр и п?эм имык?ыу я щхьэ хъуреишхуэ ф?эк?эрэхъухьымрэ жэщми махуэми зэхуэдэу ф?ыуэ зылъагъу я нэ жанымк?э яхуэшхыну дэнэк?э щы?эри зэра?эщ?эмык?ынур уи ф?эщ ящ?т. Ахэр мэзми тыншу щыпсэуфынут, уеблэмэ бажэ, тхьэк?умэк?ыхь шырхэмк?э загъэтхъэжыфынут, ауэ ц?ыхум пэ?эщ?э защ?ыркъым – жэщ хъуамэ, я пщ?ыхьэп?эхэм зыхагъахуэурэ жейм хэтхэр къыхагъэщтык?ыныр яф?эф?щи.

Уэгъур и?ыгът, дыгъэр нэхъ гуащ?эжу къепсырт, Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ыр иджыри зэ къащтэну ?эбэри, зейм ягъуэтыжакъым. Апхуэдэ къэхъуныр лъэпкъым дежк?э напэтехыу къэнэжыртэкъым, ар ик?и гузэвэгъуэт. Зэрамыхъумэфам и нэлат къатехуэнк?э къэшынахэщ. Ар пхъуантэм къыщыдаха махуэм хэт сымэ щыпэк?уа пщ?ант?эм? Зэрызыххэу ягу къагъэк?ыжырти, апхуэдэ зыщ?эфын хагъуатэртэкъым, Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ым дзыхь ищ?у е?усэн абыхэм яхэттэкъым, ящ?эрт, е?усэмэ, къазэрыхуэмыгъунур. Япэщ?ык?э псыхъуэмк?э къик?а сабий дыгъэрыжьэ гупыр хабжэхатэкъым, ауэ я хьэблэм гурыщхъуэ зыхуащ?ын щыхамыгъуатэм, абыхэмк?э мыгупсысэу хъуакъым. ?эф?ык?эр къахущ?эзыха нысащ?эр т?эк?у ядэуэршэрат гупми, абы ищ?эрт нэхъыщхьэу яхэтар зэры-Нуцэр, псыхъуэмк?э зэрыщыпсэур. Ар игу къинэжат щ?алэ ц?ык?у и гугъар хъыджэбз ц?ык?уу къызэрыщ?эк?ам щхьэк?э. Куэдрэт, къагъуэтащ, пкърыупщ?ыхьащ. Къыпахар гъэщ?эгъуэнт: напэ?элъэщ?ыр сэ къэсщтакъым, ауэ здэщы?эр сощ?э.

– Къэбдыгъуауэ аращи, къыдэтыж! Мылицэм уедгъэшэнщ! – къытракъузэрт хъыджэбз сырыхум. Нуцэ и нэхэр щ?ригъэлъафэурэ къажри?ащ:

– Сыгужьеймэ, сагъэшынэмэ, си щхьэм илъыр йохужри псори сщогъупщэж, мылицэм севгъашэмэ фи хъыдан т?эк?ур здэщы?эр сщыгъупщэжынущ. Абы щыгъуэм, фыпык?ащ.

Балигъхэм яф? зыкърашэжащ, сабийм дахэк?э напэ?элъэщ?ыр къы?эщ?эгъэк?ыжын хуейщ, лъэпкъым ди напэр темык? щ?ык?э, жа?эри.

Дахэ защ?эк?э щепсалъэм, ?уэхур апхуэдэу тыншу зэрызэф?эмык?ынур къажри?ащ. Къалъыхъуэр къагъуэтыжын папщ?э, и анэшхуэм ф?адыгъуа ?эрыгъадэ маршынэм и п?эк?э лъакъуэрыгъадэ къыхуащэхужын хуейщ. Нуцэ псэлъэк?э къызэкъуихат:

– Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ым езым зыфф?игъэк?уэдауэ аращ, лей зытехьэм фыкъыщхьэщыжыртэкъыми. Нанэ и ?эрыгъадэр зыдыгъуар зэрыкъуажэу ящ?эрти, зыми жи?акъым къритыжын хуейуэ. Иджы сэ шхын щхьа солъа?уэри сыдэтщ.

Нуцэ и гуныкъуэгъуэр Къудан хьэблэ къик?ахэм я щхьэ хуахьакъым, ауэ яф?эк?уэдар къа?эрыхьэжыныр ?эмалыншэти, сыт ящ?энт, къащэхуащ лъакъуэрыгъадэ маршынэр. Нуци и гуращэр къехъул?ати, маршынэр къэзышахэм яжри?ащ:

– Напэ?элъэщ?ыр езыр нэк?уэжащ, фи ду щ?агъым щ?элъщи, къэфщтэж, дзыгъуэм ямышх щ?ык?э.

Майе и жьынду быным къуажэм зы дзыгъуи къыданатэкъым, хъыдан к?апэр абыхэм яшхынк?э шынагъуэ щымы?эми, и п?эм илъыжмэ нэхъыф?т – уэшх занщ?эу къыщ?емышхар арат, напэ?элъэщ?ыр здэщымылъыпхъэ щылът, зыхъумэн хуеяхэр теплъэкъук?ат. Иджы ари зыдэлъа пхъуантэм дагъэзэгъэжащ, гукъеуэ зи?а сабий мэжэщ?ал?эми и гур псэхужащ. А жэщ дыдэм уэшх къешхащ, зимыгъэнщ?ыжу щ?ыр жэщищ-махуищк?э ефащ уэшхыпсым. Жэщищми Майе и пэм лъырэ шынрэ къыщиудурэ къижащ. Лъыр плъыжьу къыщижым, уэшхыпсыр гъуабжафэт, ит?анэ уэшхыпсыр плъыжь хъурти, пэм къижыр гъуабжэ хъурт. Ауэ апхуэдэ щек?уэк?ыр Жануэс и пщ?ыхьэп?эрат, жэщищми къытригъэзэжурэ. Жьынду хужьыр пщ?ыхьэп?эм къыхыхьэу зэпиудыху аращ нанэр зэпщ?ыхьар…

…Къык?элъык?уэ гъэмахуэм зи еджап?э щ?эт?ысхьэгъуэхэр хатхык?ыу къыдыхьати, Майе егъэджак?уэ хъыджэбзит?ым ябгъэдэлъэдащ:

– Сэри сынэк?уэнущ еджап?эм!

– Илъэс дапщэ узэрыхъур?

– Илъэсих.

Майе зыми зыри жри?акъым, гъунэгъу фызыр адэ-анэм къахуэгуф?ащ:

– Майе губзыгъэ дыдэ зэрыхъуа, хэзытхык?хэм ябгъэдыхьэри, сэри седжэну сыхуейщ, жи?эри, заригъэтхащ!

Хъыджэбзит?ым сабийр ягъэгушхуэну ятхами, и ныбжь нэмысауэ ящтэнутэкъыми, Пагуэ еджап?эм к?уэри ягуры?уащ. Адэ-анэр зэдэарэзыт: гукъыдэжыр зэпаудмэ, еджэну хуэмеижынк?э хъунущ.

Бжьыхьэпэ мазэр къэсри, Майе еджап?эм яшащ. Классым щ?ыхьэри, япэу къилъэгъуар Сырыхущ. «Си деж къэгъэт?ыс!» – елъэ?уащ егъэджак?уэм. Майи зыхуеиххэр арат.

Еджап?э нэужьым Нуцэрэ Майерэ уэрамышхуэмк?э зэгъусэу кърик?уэжырт кхъэм хуэгъэза уэрамдэк?ым нэс, адэк?э Нуцэ къуажэ щ?ыбымк?э игъазэрт, Майе – къуажэ гупэмк?э. Зэгуэрым, уэшх къешхарэ ят?эу, к?уэр здэк?уэм емыгупсысыщэурэ, здэзышэр здишэм иримыгузавэурэ, Майе Нуцэ щ?ыгъуу «нэмыцэ унэм» нэс к?уащ. «Мыбы нэс укъэк?уауэ ук?уэжыну? Нак?уэ, ныщ?ыхьэ!» – жи?эу Нуцэ щытригъэчыныхьым, ят?э къызыпыт?эт? и вакъит?ыр лъигъэпк?ри и ныбжьэгъум яужь иту щ?ыхьащ. Пэш ц?ык?уит?ыр а зэрыщыта дыдэщ, Ребеккэ, япэми ещхьу, п?экум исщ. Хьэуэ, зыгуэр щ?эуэ къыщок?уэк? мыбы – лъакъуэрыгъадэ маршынэ щ?этщ! Щыгъын ныкъуэд куэд блыным хэук?а гъущ? ?унэхэм ф?эдзауэ ф?элъщ, щ?ы?утелъ нэгъунэ хэлъу. Нэмыцэр иублэжауэ мадэ. Майе къыхуилъащ:

Конец ознакомительного фрагмента.

Текст предоставлен ООО «Литрес».

Прочитайте эту книгу целиком, купив полную легальную версию (https://www.litres.ru/book/zarina-saadulovna-kanukova/uaschhemahue-mahuegeps-70649251/chitat-onlayn/?lfrom=174836202&ffile=1) на Литрес.

Безопасно оплатить книгу можно банковской картой Visa, MasterCard, Maestro, со счета мобильного телефона, с платежного терминала, в салоне МТС или Связной, через PayPal, WebMoney, Яндекс.Деньги, QIWI Кошелек, бонусными картами или другим удобным Вам способом.

Похожие книги


grade 4,6
group 880

grade 3,8
group 160

grade 3,7
group 50

grade 4,2
group 380

grade 4,0
group 900

grade 4,1
group 320

grade 4,2
group 90

Все книги на сайте предоставены для ознакомления и защищены авторским правом