Зарина Саадуловна Канукова "Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс"

Зарина Канукова – кабардинский поэт, драматург, автор восьми книг стихов. Роман «Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» – первое прозаическое произведение автора. Написанный в жанре магического реализма, роман синтезирует традиции адыгской (кабардинской) литературы и художественные приемы современной прозы. В сюжете переплетаются важные исторические события ХХ века, судьбы простых героев и явления, сопровождающие адыгов из поколения в поколение, как, например, присутствие «снежного человека» и наличие «мест силы» в горах.Сюжет разворачивается на историях двух семей, где в отношениях доминируют любовь и самопожертвование.

date_range Год издания :

foundation Издательство :Автор

person Автор :

workspaces ISBN :

child_care Возрастное ограничение : 16

update Дата обновления : 18.05.2024

– Пагуэ Т?ыаузым зэрыдэк?уеям щхьэк?э сынэщхъей уи гугъэу аращ. Щайуэ къиздзэркъым.

– Татианэ хуэзэмэ-щэ?

– Хуэзэнщ-т?э, и пхъур имылъагъуу къехыжынукъым ар абы.

– Си пхъур слъагъунущ жи?эрэ урысым и ?эпл?э щабэшхуэм илъу нэху къек?мэ-щэ?

Улэ погуф?ык?. Хьирэт зыхуеяр къызэремыхъул?ар къыгуро?уэж – Улэ урыс фызыр къридзэркъым, ар езым нэхъри Пагуэ нэхъри ф?ыуэ нэхъыжьщ. Арауэ п?эрэ къыщ?римыдзэр, хьэмэрэ и л?ыр ф?ыуэ имылъагъуххэрэ?

– Пагуэ абы щ?эк?уэрейр и анэр къишэжыну аращ.

– Уэ уи гуащэм узэрыф?энар къуажэм те?уащ.

– Уэ сыдэпхьащи.

– Гуэныхь къыумыхь, зы псалъэ жызмы?а! Укъызэрашэрэ уи ф?ыц?э ф?эк? къызжьэдэмык?а. Майещи, си быным хуэдэу ф?ыуэ слъагъуркъэ? Зэрымыпсалъэм щхьэк?э си гур хупехри, слъэк?арэт, зыгуэр зэрыхуэсщ?эну.

– Си сабийм зыгуэр и лажьэу къуажэм дэпхьэмэ, зэи дызэк?элъихьэжынукъым уэрэ сэрэ.

– Мыр сыт, мыр сыт? Уи ф?эщи, нысащ?э!

– Майе узэры?уплъа щ?ык?эр зыщыгъэгъупщэ.

– Сэ слъагъу псор с?уэтэжу сыдэмыт… Къытехьэ зи?и щы?эщ, хъужынщ е ?эзэ хъунщи т?ысыжынщ. Мо зэ и ныбжь нэгъэс.

– ?эзи хъунукъым, и адэми ар идэнукъым! Игъэхъужыну дохутыр къыхуелъыхъуэ…

– Хъужынщ-т?э, хъужын, уи гугъэр хыумых. ?эмал зимы?э щы?экъым… ?эмал зимы?э щы?экъым. Ауэ… анэращ… уэращ псори зэлъытар. Уэ езым уощ?э ар.

– Сэ сытри сщ?энущ Майе щхьэк?э.

– Пэжуи? Нт?э пхузэф?эк?ынущ уэ абы и лажьэр тебгъэк?уэтыну. Утегушхуэмэ…

– Сыт сызытегушхуэн хуейр?

– Нак?уэ ныжэбэ си гъусэу, уи закъуэ щ?ык?э, къэпщ?энщ.

– Уэ гъуэгу щ?агъуэ хэпшыну си гум жимы?э…

– Сытри сщ?энущ жызы?ам ар и псалъэ?

– Жыжьэ сыпшэну?

– Умыгузавэ, а уи вакъэ лъэдакъэ лъагэм теувэ ухуеймэ – уи лъэр щ?ым нэсынукъым… Унэбжэр дамэдазэу къэгъанэ. Жэщ ныкъуэр зэхудип?алъэщ, жып?ам утетынумэ.

Хьирэт щ?ым зрегъэхуэхри, джэду гъуабжэу нартыху хьэсэм хохьэж.

Улэ и жумэрэн ещэныр къиухащи, пэгун нэщ?ит?ыр и?ыгъыу хадэм къок?ыж.

Жануэс ?эщ?элъ нэмэз щыгъэр игу къок?ыж, и щхьэм щызеуэ гупсысэ къомыр ирегъэк?уэтэк?ри, духьэм пещэ. Зэуэ и ?эпэр зыгуэрым псыф къищ?у, къык?эрыпщ?эу гу лъетэ. Пшапэ зэхэуэгъуэщи, хуиту илъагъуркъым зищ?ысыр, ауэ нэмэз щыгъэм зыгуэр к?эрылъщ, и ?эпэм йоплъыжри – мыр сыт? Лъым къри?ам хуэдэщ. Тобэ, тобэ, сыт къэхъуар? Зыгуэр къыщ?охьэж…

– Пагуэ, уэра ар? Уэздыгъэр пыгъанэт! Сыту ф?ыщэу къэбгъэзэжа. Майе дэнэ щы?э? Ар дауэ? И закъуэ щхьэ къэбгъэна?! Майе къэдгъэщтэжи, дыгъэк?уэж, дегъэхыж къуажэм!

…Майе Татианэ и псысэм дихьэхауэ йода?уэ. Ритэ лъэныкъуэк?э къыщысщ, къеда?уэ-къемыда?уэу ик?и ?умык?уэту – и анэр мо ?ейм къыхуигъэнэну игу техуэркъым. Псысэри к?ыхьщ, Татианэ ар къызди?уатэм Майе к?элъоплъ – и нит?ым щ?оплъэ, и ?упэ ц?ык?ухэр зэрып?эжьажьэм гу лъетэ. Сыт мыбы и лажьэ дыдэр? Псалъэркъым. Абы щхьэусыгъуэ гуэр и?эщ. Ар зы. Абы нэмыщ?к?и сыту п?эрэ и лажьэр? Тхылъ щеджэфк?э, губзыгъэщ хужып?энущ, ауэ тхылъыр зэхуищ?ыжамэ – апхуэдэжкъым… «Щ?ы?эм уисрэ, си пщащэ? Щ?ы?эм уисрэ, си дахэ? – Хьэуэ, дадэ, сискъым, сискъым. – Щ?ы?э Дадэр нэхъри къыбгъэдок?уатэ хъыджэбз ц?ык?ум. – Иджы-щэ? Иджыри щ?ы?эм уисыркъэ? – Хьэуэ, дадэ».

Татианэ и макъыр зэм гъум ищ?у, зэми хъыджэбз ц?ык?ум ещхьу, и ?упэ ?увхэмрэ и бзэгумрэ псалъэхэр хуиту къыжьэдэхуу, къепсэлъ, Майе къызэф?оувэри и ?э лъэныкъуэр ц?ыхубзышхуэм и бгъэм пэщ?егъэувэ:

– Щ?ыкъатиблым…

Татианэ антыхэбзэ къыгуры?уэркъым. Майе и макъым къызэрик?к?э мэк?ий. Ритэ къэщтауэ магъ.

– Щ?эгъэк? мыр, егъэшэж и анэм деж!

Майе урысыбзэм тохьэ:

– Сэ зыри си лажьэкъым. Псори сэр щхьэк?э мэгузавэ, ауэ сэ зыри си лажьэкъым.

Татианэ хъыджэбз ц?ык?ум ?эпл?э хуещ?. Майе игу трегъахуэ ?эпл?эри, дыхумэри.

Улэ жэмыр къишри и джабэм ?э дилъэжащ. Хьэмрэ жэмымрэ дзыхь яхуещ?. Хьэпарийр къоплъри щысщ. Унэм щ?охьэжри хьэ ?ус зэхэщ?ар къыхущ?ех. Дэк?уеип?эм тот?ысхьэри пшапэзэхэуэгъуэр к?ыф? зэфэзэщым хуэк?уэжыху тесщ. Унэ зэгуэтым и пэшищри пщэф?ап?эри къигъэкъэбзащ нобэ. Пщэф?ап?эр ят?э лъэгущ, псы ириутхэри къипхъэнк?ыжат. Дзыгъуэ вей дурэшым дэлъу къилъэгъуати, и жагъуэ хъуащ. Я джэдур к?уэдауэ къэтщ. Хьирэт игъэщтамэ, щ?эх къыкъуэк?ыжынукъым. А фызыр джэду зищ?ауэ хьэблэм дыхьамэ, пщ?ант?эхьэхэм лъэныкъуэ зрагъэз, унэ джэдухэр къезэуэну къоув. Зэрытемыгъак?уэу зофыщ?ауэхэр, ауэ Хьирэт абыхэм щхьэк?э къик?уэтынукъым. Псэущхьэхэм зэраф?эк?ын ?эмал бжыгъэншэу ищ?эрэ пэт, япоуври йозауэ, и зэш тригъэууэ фэ тетщ.

Улэ и щхьэцыр ирежьых, еухуэн, ешыхьыж. И бостей нэхъыф?ыр щет?агъэри лъэдакъэ т?эк?у зыщ?эт и вакъэм тоувэж. Мыр сыт, и ф?эщи? И щхьэ щодыхьэшхыж. Нобэ и джийм зыри ехакъым. И ?упэр гъущ?ащ. И щхьэр мэуназэ. Псы йофэ.

Сыхьэт щ?э?уант?эм йоплъ – жэщ ныкъуэщ. Шэнт щхьэгуэр къещтэ, унэкум ирегъэувэри, къот?ысык?, и гур дэп жьэражьэм хуэдэщ, и бгъэр къресык?, и нэк?ущхьит?ыр къызэщ?энащ. Сыту п?эрэ ныжэбэ къыпэплъэр?..

– Си анэ, къысхуэгъэгъу… Псалъэ уэстат мыпхуэдэ ?уэху сыхэмыхьэну. Сабий закъуэм и узыншагъэщ арэзы сыщ?ытехъуар…

Хьэ парийр хопщ?эук?ри хьэгъуэм йолъэдэж. Пщ?ант?эм мыц?ыху дэтщ – к?ыф?ыгъэр к?ыф?ым къыхэмыщми, псэущхьэм зыхещ?э. Унэбжэр дамэдазэу ?ухауэ къигъэнащи, к?ыф?ыгъэр пшагъуэ-?угъуэ зэхэту щ?оук?урие – псэ джэгур ежьэнущ…

Уэздыгъэри имыгъэунк?ыф?ауэ Улэ хьэзыру щысщ, шэнт щхьэгуэм тесу. ?угъуэ ф?ыц?эм унэгуащэр къеуфэрэзыхь, и лъакъуэм щегъэжьауэ и щхьэм нэс зрешыхьэк?. ?этауэ и?ыгъа и щхьэр зэуэ къыф?оху, и жьэпкъыпэр и бгъэм къытеуэжу – пкъыр къанэри, псэр ирахьэжьащ…

БАХЪЭСЭН

?

Бахъэсэн и ?уфэм къуажэ куэд ?усщ, нэхъ ин дыдэр псыежэхым и ц?эр зыф?ащыжаращ – Майе къыщалъхуа къуажэр. Абдежым ирихьэл?эу къуажэ уэрамхэм псы къыщиж хъуат – щ?ым гъущ? бжьамийхэр щ?алъхьауэ, абык?э къак?уэрт. Хьэблэ къэс гъущ? быдэм къыхэщ?ык?а псы къижып?э хутрагъэуват, ищхьэмк?э къыщытепкъузэмэ, псыр къиут?ыпщу, бут?ыпщыжмэ – иубыдыжу. Псынэпсым хуэдэу къабзэт, ?эф?т абы къижыр, ауэ щагъэувы?э куэдрэ къэхъурт. Апхуэдэхэм деж къуажэдэсхэр псыежэхым псыхьэ к?уэрт – Бахъэсэныпсым иджыри щыужахэтэкъым. Псыхъуэм пэгъунэгъухэр нэхъ къик?ат, ауэ уэрамыщхьэм псы къыщибгъахъуэу удыхьэжыным и тыншыгъуэр къэзыщ?а нэхъ жыжьэхэм иджы гугъуехь т?уащ?эу къащыхъурт Бахъэсэныжь псыхъуэ дыхьэныр. Щ?ымахуэм деж ?эжьэм е шыдыгум зи щхьэ ягъэбыдэж чей ирагъэувэрти, унагъуэри ?эщри зрикъун псы къашэрт. Шыдыгурэ чейрэ зимы?эхэр пхъэхь зэф?эдзак?э к?уэкъэк?уэжу ?утт.

Хъыджэбз ц?ык?ухэм я жагъуэтэкъым пхъэхьк?э псы къахьыну. Псы ?уфэм ?утыху дыгъэ жьэражьэр нэхъ щабэу зыхащ?эрт, псым и шк?уэрашк?уэр макъамэу зэхахырт. Ауэ псом ящхьэр псыхьэ к?уэуэ къэк?уэжыхук?э зэрытеур арагъэнут, я нэгу зиужьт, зэдэуэршэрт. Хьэблэм зэныбжьу дэсыр зэгъусэу к?уэрт, абы щыгъуэм къыдэмык? жыхуа?эм хуэдэу дыгъэм дижьыхьыжауэ псыхъуэм дэс щ?алэжь ц?ык?ухэм зэрахуэзэнури хэтт ?уэхум хуэзымыгъэщхьэхым. Къэхъунк?э хъунури ящ?эрт: къезэуэнукъым, ауэ псы къахьым ят?э, мывэ къыхадзэнущ. Езыхэри, губжьарэ ешауэ, ягъэзэжынщи псы къабзэ кърагъэхъуэжынщ.

Зэгуэрым Майе хъыджэбзышхуэхэм ябгъурыту ежьэри псыхъуэм нэсащ, гъэзэж къыжра?эк?э, емыда?уэу. Майе зыми еда?уэ и хьэлтэкъым, къыжра?эри зэхих-зэхимыхт, жэуапи иттэкъым. Хуейти, к?уащ хъыджэбзхэм я гъусэу. Псыр жыжьэт, арат Майе хуэдэ нэхъ ц?ык?ухэр щ?ызэдамышэр. Майе, сешащи жимы?эу ик?и закъык?эримыгъэхуу, нэсащ псыхъуэм. Хъыджэбзхэм я пэгуныр из ящ?ащ, пхъэхьым палъхьэжри, хуэмурэ къежьэжауэ къыздэк?уэжым, щ?алэжь ц?ык?у дыгъэрыжьэхэр къапэуващ, къазэры?эрыхьэк?э, хэт мывэ, хэт ят?э, хэти вэнвей пэгунхэм хадзащ. Щ?алэжь ц?ык?ухэм зы сырыху нэхъ макъышхуэу, нэхъ ?элу къахэщт. Хъыджэбзхэр къэгубжьри, къапэщ?эхуэ мывэр къащтэурэ яхэуэжащ мо къуейщ?ей гупым. Сырыхум и нат?эм зыгуэр техуэри, к?ийуэ епхъуэжащ, л?ы хъуанэк?эу инуи хъуэнащ. «Пхуэфащэщ, жьэ ф?ей!» – хьэблэ хъыджэбзхэр ик?уэтакъым. Сырыхум и нат?эр зэгуэудауэ лъы къижырти, и ?эгур к?эрикъузауэ и?ыгът, абы къыщыщ?ар къаф?эмы?уэхуу, и гъусахэр щ?эпхъуэжат. Хъыджэбзхэм ф?ей хъуа псыр ирак?утыжри ягъэзэжащ. Майе сырыхум бгъэдыхьэри и щ?ыбым ?э дилъащ. «Сыт уэри узыхуейр?!» – жи?эу къыжьэхэлъа щхьэк?э, Майе къилъэгъуащ абы и нит?ым къыщ?иха гуф?эр. Сырыхур ежьэжащ, Майе, и гъусахэм яхуемыплъэк?ыххэу, абы и ужьым иувэри здэк?уэмк?э к?уащ. Мор къызэплъэк?ри дыхьэшхащ: «Сыт узыхуейр?» Майе, зыри жимы?эу щ?алэжь ц?ык?ум к?элъык?уэурэ, я унэм нэсри чы бжыхьк?э къэхухьа лъапсэм дыхьащ. Унагъуэр зэрыхуэмыщ?ар нэм къыщ?идзэрт. Ят?э чырбыш унэ ц?ык?ур къабзэу зехьат, пщ?ант?эр зэлъы?ухат. Сырыхур къызэплъэк?ыжри, къыхуэгуф?а е къыщыдыхьэшха – Майе къыгуры?уакъым, ауэ къеупщ?ащ:

– Уэ сыт узыхуейр, и? К?уэж, уи гъусэхэр к?уэжащ куэд щ?ауэ! Укъалъыхъуэ хъунщ, хьэблэр зэхыхьауэ!

Фыз гъур к?ыхьым и пэш къыщ?ыхьи и к?ии зы ищ?ащ:

– Уэ дапщэрэ бжес?а щ?алэжь ц?ык?ухэм уахэмыхьэну? Пхуэфащэщ, укъаук?ау арамэ!

– Сэ зыми сиук?ыфынукъым! Мыр сыщ?эпхъуауэ сыжэрэ пэт, сылъэпэрапэри мывэм зэгуиудауэ аращ.

Сырыхур… хъыджэбз ц?ык?ут!

– Пэж мыбы жи?эр? – сырыхум и анэ сырыхубзэр Майе къеплъащ – Уэ дэнэ езыр укъыздик?ар?

– Псалъэркъым ар! – Сырыху гуф?эу и анэм хъыбар ирегъащ?э, я «хьэщ?эр» езым и ныбжьми, и зэф?эк?ыр куэдк?э зэрынэхъ мащ?эр и гуапэу.

– Сабий бзагуэ мы ?эшэлъашэм ису зэхэсхакъым… – ц?ыхубзыр гъуэнэгъубзэу бгъэдыхьауэ Майе зэпеплъыхь.

– Хэт уи ц?эр?

– Тэру Пагуэ ипхъу… – Майе и ц?эр жимы?эу, и адэм и ц?э-унагъуэц?эр жи?ащ – ирагъэсат, гъуащэ хъумэ, апхуэдэу жи?эну.

– Ыхьыы, – фыз гъурыр ик?уэтыжащ. Щ?ыбагъ пэшымк?э щ?эплъэри зыгуэрым жри?ащ:

– Хьэщ?э ди?эщ.

– Хэт? – къэ?уащ ц?ыхубз макъ.

– Пагуэ и пхъур.

– Пагуэжьми?! Мыбы нэс хэт къэзышар?

– Езыр къэк?уащ.

– Езыр ц?ык?укъэ?

– Ц?ык?ук?э ц?ык?укъым, ди Нуцэ хуэдизщ…

– Щ?эгъэк?ыж, къэк?уамэ! А ?еижьым и зэранщ уи адэр зыдэса хьэблэм дамыгъэхьэжу мы псыхъуэм дыкъызэрыдэт?ысхьар.

– И закъуэу к?уэжыфыну си ф?эщ хъуркъым.

– Нуцэ егъэшэж.

– Нуцэ!

Нуцэр унэм щ?эпк?ыжри бзэхащ. Майе щ?ыбагъ пэшымк?э щ?ыхьэри п?экум ис фызыжь нащхъуэм и пащхьэм иуващ…

– Сыт укъыщ?ызэплъыр? Хьэм укъихуа мыбы нэс? – фызыжьыр антыхэбзэк?э шхыдэурэ, нэмыцэбзэм тохьэж, Майе зэхих бзэ мыц?ыхум и тхьэк?умэр тегъэхуауэ йода?уэ, ф?эгъэщ?эгъуэнщ. Фызыжьыр антыхэбзэм тохьэж: – Уи анэр дахэщ, уэ абы зык?и урещхькъым…

– Зык?и урещхькъым… – Майе зэхихар же?эж, фызыжьым и къэпсэлъык?эм зыпищ?ыжурэ.

– Уи ?уэху тэмэму п?эрэ уэ ?ейм? – фызыжьым и нит?ыр къытриубыдауэ къыздеплъым, Майе абы нэхъри бгъэдок?уатэри, и щхьэр и куэщ?ым ирелъхьэ. Фызыжьым хуэмурэ и ?э ижьыр къе?этри, Майе и щхьэм къыделъэ.

– Мыр сыт? Уешауэ ара? Къак?уэ-т?э, зыгъэпсэху.

Майе гъуэлъып?эм допщейри фызыжь нащхъуэм бгъэдот?ысхьэ. Унэжь ц?ык?ум щопсэу зэрылъхузэрып? ц?ыхубзищыр: анэшхуэр, и пхъур, и пхъурылъхур. Нэхъ тхьэмыщк?эу къуажэм дэс унагъуэхэм ящыщщ. Я л?ыжьыр зэрыл?эрэ зыкъом щ?ащ. Жэм закъуэ я?эти, яхуэмыгъашхэу ящэжащ. Гъунэгъухэри зэхуэдэу къахущыткъым. Хэти къадо?эпыкъу, хэти «нэмыцэщылъхущ» жа?эри, ?умпэм къащ?. Я л?ыжьыр зауэм щыгъуэ нэмыцэм ящ?ыгъуу дэк?ри, ?эджэ дэк?ауэ къигъэзэжащ, нэмыцэ фызрэ хъыджэбз ц?ык?урэ щ?ыгъуу. Фызым и ц?эр Ребеккэт, и л?ыр Бэкэк?э еджэрт. Пагуэ балигъып?э иуват абы щыгъуи, нэмыцэм ягуэтар къуажэм къыдагъэт?ысхьэж мыхъуну псалъэмакъ къи?этащ. Бзэгу ихьу и адэр нэмыцэм езыгъэубыдар а л?ыр арауэ зэхихат. Арщхьэк?э, гущ?эгъу зыхэлъ я къуажэгъухэм къахэк?ри, унагъуэм къащхьэщыжу къэуващ. Хьэблэ зыдэсам дэт?ысхьэжу къыхуамыда щхьэк?э, псыхъуэм деж щ?ы к?апэ къыщратащ. Унэ щхьэгуэжь ц?ык?у ирищ?ыхьри щыпсэуащ л?эжыху. Нэмыцэ фызым антыхэбзэ зригъэщ?ащ. Унэгъащ?эу къабгъурысхэм абы Нащхъуэ къыф?ащащ. Бзэгуцэмрэ нэмыцэмрэ я пхъур пасэу дэк?уэри къик?ыжат, хъыджэбз ц?ык?у щ?эсу. Нуцэ илъэсищ щыхъум, бзэгуцэр Бахъэсэныжь итхьэлащ, и хьэдэр ерагъыу къагъуэтыжри щ?алъхьэжащ. Нащхъуэ и л?ыр макък?э игъеятэкъыми, «зэрынэмыцэ дыдэ» жа?ащ гъунэгъу фызхэм, «гу быдэ» кърагъэк?ыу. Абы ипэк?э зэм Нащхъуэ, зэм нэмыцэ жа?эу щытати, Нащхъуэ ц?эр «трахыжри», нэмыцэ къудейк?э еджэ хъуащ. И пхъум зэреджэр «нэмыцэм ипхъу» е «нэмыцэм къилъхуа».

Ребеккэ антыхэл?ым щ?ыгъуу Кавказым нэс къэк?уэну арэзы щ?эхъуар зеиншэт, и унагъуэр зауэм хэк?уэдати арат. Иджы фызабэу къэнащ. Сытыт гъык?э, бжэк?э? Л?ар къэтэджыжынутэкъым, езыр яф?эгуэныхь хъуми, зыри къыхуащ?энутэкъым. Зэрыпсэунур дауэ? И пхъур колхозым хэтщи, къратыр мащ?эщ, и сабий закъуэр нац?эрыфэ хъужауэ уэрамым дэтщ. Лъэ?уак?уэ хыхьэу факъырэ?ус къыхиха папщ?э, Нуцэ ?энэщ?у къэк?уэжыркъым – зыгуэрхэр къыщ?еу?ук?. Зэуэрейщ, и щхьэцыр яупсри, сыт щыгъуи к?эщ?щ, и лъэгуажьит?ыр теуда зэпытщ. Щ?алэ ц?ык?ухэм яхэтурэ, и щхьэм къыщхьэщыжыф хъуащ. Нэмыцэ щылъхук?э къеджэрт, ауэ апхуэдэхэм щхьэк?э Нуцэ къик?уэтынутэкъым.

Ребеккэ ?эрыгъадэ маршынэ и?ащ, фызхэм яхуэдэрт, дыпщ?эу шатэ, джэдык?э къари?ыхырт, ахъшэ т?эк?у къыщыпэк?уи къэхъурт. Маршынэр ф?адыгъуащ. Зыдыгъуари ищ?эрт, ауэ къытрихыжыну хулъэк?ынутэкъым – къуажэ советым нэмыцэ фызым пщ?э щи?этэкъым, къуажэдэсхэрати, яхуэтхьэусыха щхьэк?э, зыми къаф?э?уэхуакъым. Мыбы лей къытохьэ жи?эу псэ зы?ут къыщымыувым, и ?эрыгъадэ маршынэр зыдыгъуахэм нэмыцэбзэк?э тебжаи, ебгаи – унагъуэм зэдыщ?эк?ыу фэрэк? къатек?эри, фэрэк?напэу къэнащ. Ребеккэ къищ?ат и маршынэр бэзэрым яхьу зэращар. Къедыгъуари щ?егъуэжат, и пхъуищыр ямышэу къыщыдэнэжк?э, щ?егъуэжынтэкъэ. Хэт фэрэк?напэ хуейр? Удахэу уашарэт.

Пагуэхи ебгат нэхъ гуащ?эжу. Абы и зэранщ щ?ыф? дыдэ зэрылъ щ?ап?эм ирамыгъыт?ысхьэжу Ребеккэрэ и л?ымрэ псыхъуэ мывалъэр псэуп?э зэращ?ар. Я щ?ап?эжьым исыжамэ, щ?ым сыт хищ?эми, къэк?ынут, а хьэблэм дэсхэри зи ?уэху нэхъ хуэщ?ат. Дыгъуэрабзу къуажэм дэсыр псыхъуэмк?э нэхъ къэк?уэрейщи, Ребеккэ джэдкъазри хадэм зэрыщы?эбэ ?эмэпсымэри ф?адыгъу. А псор зи лажьэ Пагуэ и пхъур къак?уэри къыбгъурыт?ысхьащ.

– Нэкъиц?эфт, сыт укъыщ?ызэплъыр? Уи анэ дахэ дыдэми уи адэжьми уарещхькъым. Дэнэ уэ укъыздик?ар?

…Хъыджэбзхэм псы яхьу хьэблэм щагъэзэжам, пшапэ зэхэуэгъуэт. Улэ къапэплъэу уэрамыщхьэм тетт. Майе щимылъагъум, и фэр зэщ?эк?ащ. Псым ирагъэхьамэ?!

– Щ?алэжь ц?ык?у гуэрым и гъусэу ежьэри, деджэк?э къытхуигъэзакъым.

– Хэтхэ я щ?алэ ц?ык?у?

– Хъыджэбз ц?ык?ут ар! Сырыхубзэу, псыхъуэмк?э дэсщ! Нэмыцэм и пхъур!

Унэм щ?элъэдэжри Жануэс жри?ащ Майе къилъыхъуэну псыхъуэмк?э зэрык?уэр. Щ?эупщ?эурэ къигъуэтащ, к?ыф? зэхэту нэсащ Ребеккэ и унэм. Майе жеяуэ ирихьэл?ащ, къыхуэгъэушыртэкъым, къызэщыурти жеижырт. ?эпл?эк?э къищтэри кърихьэжьащ. Уэрамдэк? защ?эт, хадэу ек?уэк?ыу, жэщ к?ыф?ым зытеувэр имылъагъуу, лъапэрапэу. Къэувы?эм, зигъэпсэхум, ежьэжурэ, къак?уэрт. Кхъэм пэзанщ?э щыхъу дыдэм Майе къэушри, и анэр къиц?ыхужакъым, здэщы?эри къыгуры?уэртэкъым – шынащ, зы?эщ?иудыну ныкъуэкъуащ. Сабийр гъым, и анэри дэгъыу, ерагъыу къэсыжахэщ. Жануэс куэбжэпэм ?утт.

?

…Уэшх къызэремышхыу, псыри къызэримыжу ек?уэк?ырти, сабийхэм хьэблэ-хьэблэк?эрэ хьэнцэгуащэ кърашэк?ыу щ?адзащ. Къуажэшхуэм балигъхэр нэхъ зэроц?ыху, сабийхэр хьэблэ зырыз къыщыхъуамэ, зэхуэхамэщи, зэхэзагъэркъым. Хамэ хьэблэ дыхьэхэм къапоув, къыдахуж, зэхэуэ, зэрыфыщ? къыщыхъуи щы?эщ. Жануэсхэ я хьэблэм унагъуащхьэ чэзууэ джэдык?и хьэжыгъи щыхахри зы гуп дэтщ, хьэнцэгуащэ уэрэдыр кърашу. Абыхэм яхэт Нуцэ сырыху ц?ык?ур Майе къилъагъури щыгуф?ык?ащ. Модрейри къыщыгуф?ык?ыжащ. Арати, Майе абы и ужь иувэри ежьащ. Къуажапщэм нэс дэк?уеящ. Дауи, ахэр хуиту абы нэс ягъэк?уэну хъунтэкъым, «фыздэк?уэр дэнэ, фи хьэблэм къыщыхэфх джэдык?э» жа?эу къапэмыуву, ауэ Нуцэ гупым зэрапашэр ялъэгъуа нэужь, апхуэдэ гукъыдэжыр яф?эк?уэдырт. Ешахэщ, къыхахар къахуемыхьэк?ыж хъуащ, унагъуэ къэс къытрак?а псым псыхьэлъахуэ ищ?ахэщ, къэмэжэл?ахэри пэжт. Къагъэзэжауэ къехыжурэ, Майехэ я унэм къыщыблагъэм, Нуцэ же?э: «Майе, нак?уэ фи деж!» Майе Нуцэ и нит?ым къыщ?их нэхур елъагъу, ауэ жэуап иритыркъым. «Фынак?уэ, дыдэвгъэхьэ!» – жи езы Нуцэ. «Хъунукъым» къыщыжрамы?ак?э, и гушхуэныгъэм къреубыдэ нак?уэпак?уэу дыхьэныр. Сабий зэрызехьэм я макъым унэм къыщ?иша нанэр зыхэплъар зи щыгъынхэр ныкъуэгъущ сабий дыгъэрыжьэхэращ. Нуцэт псоми тегушхуэри, япэ ищри лъэ?уащ:

– Кхъы?э, мы ди джэдык?эм щыщ тхуэгъави дыгъэшх, шхын щхьэк?э дол?э!

Гупхэмыхьэ Майе мыбыхэм яхэту зылъэгъуа нанэр мыгуф?эу къэнэнт?

– Фи джэдык?эми сыхуейкъым, т?асэ, фэ фшхын дэ ди?эщ, фыныщ?ыхьэ модэ пщэф?ап?эм! – Жануэс гуэщым къыпыт гъэмахуэ пщэф?ап?эмк?э и ?эр ищ?ащ. Мо зи ?умац?эр къэхъея гупым нанэм и псалъэр т?эу жы?э ящ?акъым, зэрыщ?ыхьахэщ. Т?ысып?э зылъысар щысу, зылъымысар зэф?эту щ?акхъуэрэ кхъуейрэ зэдашх, щ?акхъуэ бзыгъэм шатэ щихуэм, фошыгъу тригъэщэщэжурэ Жануэс ?энэм къытрелъхьэ – ари ирагъэк?, пхъэщхьэмыщхьэпс ?эф?ми щыщ къранэркъым. Я ныбэ из щыхъум, гупзешэ Сырыху къыхилъхьащ:

– Фынеуэ Къудан хьэблэ!

– Сыт абы щы?эр?

– Къуданхэ Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ыр пхъуантэм къыдахынущ нобэ!

– Ар дэнэ нэс? Мы т?ыгъ къомыр-щэ?

– Мыхэр делъэ?унщи мыбдеж къэдгъэнэнщ, дыкъыщык?уэжк?э къэтщтэжынщ.

Унафэр ягу ирихьами, Къудан хьэблэ к?уэнымк?э псори арэзы зэдэхъуакъым:

Похожие книги


grade 4,6
group 880

grade 3,8
group 160

grade 3,7
group 50

grade 4,2
group 380

grade 4,0
group 900

grade 4,1
group 320

grade 4,2
group 90

Все книги на сайте предоставены для ознакомления и защищены авторским правом